«Пашэныгъэмрэ щIыналъэ зыужьыныгъэмрэ» программэр гъэзэщIэныр ирагъэжьащ.

Республикэм кадрхэмкIэ и резервым папщIэ Налшык къыщызэIуахащ «Пашэныгъэмрэ щIыналъэ зыужьыныгъэмрэ» щIэныгъэ программэм и япэ модулыр. Абы хэтщ «ЛъагапIэщIэ» проек­тым щытекIуахэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу «Урысейм и пашэхэр» конкурсым и финалым ­кIуа­хэмрэ.
ЩIыналъэм унафэщI IэнатIэхэр щызыгъэзэщIэфынухэм я зэфIэкIым зегъэужьынымкIэ программэр гъэзэ­щIэным иIэ мыхьэнэм щытепсэ­лъыхьым КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къыхи­гъэщхьэхукIащ: «Иджыпсту дэ тху­зэфIэкI псори длэжьын хуейщ щIалэгъуа­лэм я зэфIэкIыр къагъэлъэгъуэнымкIэ зыхуеину Iэмал псори зэтегъэувэным хуэгъэзауэ. Мы семинарым лекцэ къыщеджэнухэр зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ защIэщ. Абыхэм яэтщ МГИМО-м, Къэрал управленэмкIэ школ нэхъыщхьэм, Урысейм цIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал ­къулыкъумкIэ и академием я экспертхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ, бизнес IэнатIэм, коммерцэм пыщIа IуэхущIапIэхэм я лIы­кIуэхэр. Абыхэм утыку кърахьэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьынымкIэ нэхъ сэбэпынагъышхуэ къэзыхьыну унэ­тIыныгъэхэр, апхуэдэу ди щIалэхэр щы­гъуазэ ящIынущ нэхъ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъхэм я лэжьэкIэм. Мис ахэрщ мы программэм хэлъ ехъулIэныгъэ нэхъыщ­хьэхэр».
ЕгъэджэныгъэмкIэ япэ модулыр къы­щызэIуахым хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и ­къуэдзэ Стариков Сергей. Ар теп­сэлъыхьащ щIыналъэхэр зэрызэрахьэ щIыкIэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейуэ зэры­щытым, апхуэдэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм я зыу­жьыныгъэм и унэтIы­ныгъэ нэхъыщ­хьэхэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.