ГЪУЭГУГЪЭЛЪАГЪУЭ ГЪУАЗЭХЭР

ЦIыхум кхъухь иухуэу псым зэрытехьэ лъандэрэ, здэщыIэр кърищIэну вагъуэхэм плъэрт. ИужькIэ, техникэмрэ ухуэныгъэхэмрэ хуэIэрыхуэ хъуа нэужь, хытетхэм я лэжьыгъэ зыгъэпсынщIэ гуэрхэри къагупсысащ. Абыхэм ящыщщ гъуазэхэр (маяк).

Гъуазэхэр щаухуэрт хым къыхэпIиикI къырхэм уакъыпекIуэкIын щыхуей щIыпIэ хэIэтыкIам деж. Чэщанэ лъагэм ещхь ухуэныгъэм и щхьэ дыдэм сытым дежи уэздыгъэ щыблэн хуейщ – аращ абы и къалэн нэхъыщхьэри. Гъуазэм идз уэздыгъэр хужьу, удзыфэу е плъыжьу щытынущ. Хужьым къикIыр,  гъуазэм и Iэхэлъахэм щIыпIэ шынагъуэхэр щыIэкъыми, хуиту ущызэхэзекIуэ хъунущ жиIэу аращ. Гъуазэм цIыхуитI щолажьэ: унафэщIымрэ уэздыгъэр сытым дежи блэным кIэлъыплъыну, ныкъусаныгъэ щыIэмэ, ар зэригъэзэхуэжыну зи къалэн лэжьакIуэмрэ. Абыхэм я лэжьыгъэр зэпымычу ирахьэкI илъэситIкIэ. Апхуэдэ лэжьыгъэ хьэлъэр зыхуагъэфащэр цIыху бэшэчхэрщ, хахуэхэрщ, псэемыблэжхэрщ. Сыту жыпIэмэ, лей къытехьауэ Iэхэлъахэм кхъухь щыщIилъафэмэ, абы ис цIыхухэр къригъэлын папщIэ лъэкI къимыгъанэу, псынщIэу ядэIэпыкъун хуейуэ и къалэнщ.

Пэжщ, нобэрей гъуазэхэм, техникэм и иужьрей щIэщыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къызэгъэпэщарэ, жьыри псыри зэран хуэмыхъуу ухуэныгъэ телъыджэхэр яхэтщ. Аращи, ахэр цIыхуншэу лэжьэфынукъым, къищынэмыщIауэ, Iэмэпсымэхэм якIэлъыплъын хуейщи, гъуазаплъэ (смотритель) IэщIагъэм щIэупщIэ иIэщ 21-нэ лIэщIыгъуэми.

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пасэрей зэманым нэхъ цIэрыIуэ дыдэу щыIа гъуазэр ди лъэхъэнэм ипэкIэ 3-нэ лIэщIыгъуэм Александрие (Мысырым) щаухуауэ щытарщ. Ар дунейм и Телъыджиблым хабжэ. ИужьыIуэкIэ, 16-нэ лIэщIыгъуэм, Инджылызым къыщызэрагъэпэщауэ щытащ гъуазэ ухуэнымкIэ япэ дыдэ къэрал IуэхущIапIэр. Апхуэдэу, гъуазащхьэм тет уэздыгъэр ягъаблэу щытащ фIамыщI, дагъэ, фэтыджэн ягъэскIэрэ. Ауэрэ, 1820 гъэм, Френелым и линзэ жыхуаIэ гъуджэр къагупсысащ. Абы уэздыгъэр жыжьэ дыдэ иригъэдзырт, хыщхьэ пхыдзам тет кхъухьхэм абы и нэхур хуиту къалъагъун хуэдэу.

Урысейм гъуазэхэр ухуэн щыщыщIадзар 18-нэ лIэщIыгъуэрщ. Урысейм и пащтыхь Петр Езанэм хыдзэм зригъэужьа нэужь къэралыр хуэныкъуэ хъуат гъуазэ лъэщхэми. Хы ФIыцIэр къапщтэмэ, абы 1880-1890 гъэхэращ гъуазэ ухуэн щыщIадзар.

А псоми я щхьэж къакIуэу къызолъытэ Iэдииху и чэщанэмрэ абы «хужьу блэ и Iэмрэ». Хэт ищIэрэ нарт гуащэм IэщIэлъари, е и Iэр блэн папщIэ щихуэу щытари, ауэ Александрие гъуазэм нэхърэ куэдкIэ нэхъапэу нарт IуэрыIуатэм ицIыхуащ Iэдииху и щхьэгъусэ Псэбыдэ шы гуартэ къыщихукIэ, и гъуэгур хуигъаблэурэ псы къэукъубеям къригъэкIыжу зэрыщытар.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф