ДэжьейIэрысэмрэ адыгэхэмрэ

Тыркум и мэкъумэш IэнатIэм увыпIэшхуэ щеубыд дэжьейIэрысэ къэгъэкIыным. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ абы йолэжь Кавказым икIа адыгэхэр. 
Шэрджэсхэр щыпсэу къуажэхэр къахыбоцIыхукI ахэр адрейхэм къыщхьэщызыгъэкI нэщэнэхэмкIэ. Къабзэщ, зэлъыIухащ, хамэщIым щахъумэфа, хабзэ щхьэхуэм тет псэукIэ щыIэщ. Адыгэ къуажэр къызэрыпцIыху нэщэнэхэм ящыщщ дэжьейIэрысэ щагъэкI губгъуэхэри. Зэгуэр а къэкIыгъэр Кавказым икIа мухьэжырхэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм здахьауэ щытащ икIи шэрджэсхэр зэуIуу щыпсэу щIыпIэхэрт щагъэкI. Нобэ ар Тыркум и мэкъумэш IэнатIэм нэхъ щIэупщIэ щызиIэхэм ящыщщ, абы и щIыпIэ куэдым щагъэкI. Къэралым, хьэрычэтыщIэ щхьэхуэхэм фейдэшхуэ къахуэзыхь къэкIыгъэм адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ нэмыщI йолэжь тыркухэр, курдхэр, езыдхэр, зазэхэр, абы щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэри. 
«Иджыпсту Шапсыгъкуей дыдыхьэнщ, щIыпIэм щыIэ Хасэр зэбгъэлъагъунщ, - жиIащ Дюзджэ къалэм щыщ ди бысым Шэгъудж Орхьэн, - зэман ди куэдщ, дыуэршэрынщ, дедзэкъэнщ», - етхыж «Шапсугия» газетым и редактор нэхъыщхьэ Ныбэ Анзор. 
«Лъэпкъ щэнхабзэмкIэ унэу къуажэкум итым и уэздыгъэхэр блэрт, зэманыр хэкIуэта пэтми. ПщIантIэм хъурейуэ къыщетIысэкIауэ уэршэрхэрт нэхъыжьхэр. Унэм и етIуанэ къатым адыгэ макъамэ къыщIэIукIырт - абдеж джэгу щащIырт щIалэгъуалэм. 
Унэ щIыхьэпIэм хъыбарегъащIэ зыбжанэ фIэлът. Абыхэм ящыщ зым си нэр техуащ. ДэжьейIэрысэ сурэт зэрыт тхылъымпIэ напэ цIыкIум тыркубзэкIэ бжыгъэ гуэрхэр тетхат. Тыркубзэр умыщIэми къыбгурыIуэнут абы къикIыр: «дэжьейIэрысэ килограммыр лири 4,5-кIэ къыIыдох». Урысей ахъшэмкIэ ар сомищэм ноблагъэ. Тыркумрэ хы ФIыцIэ Iуфэмрэ а дэ лIэужьыгъуэм щаIэ уасэр зызогъапщэ. Сочэрэ ТIуапсы районымрэ щыIэ адыгэ къуажэхэм уасэхэр апхуэдэуи щылъахъшэкъым. Зэман ипэ «гъущI Iупхъуэр» Iуахыжа нэужь, Тыркум щыпсэу адыгэхэм куэду къагъэкI дэжьейIэрысэр европэ бэзэрым нэсащ. Дэ, тенджызым зэпэIэщIэ ищIа адыгэхэр, дыхуей-дыхуэмейми, щэхуакIуэхэр къешэлIэнымкIэ хьэрхуэрэгъу дызэхуищIащ гъащIэм. ДэжьейIэрысэм и уасэм теухуа хъыбархэр иджыпсту щыкуэдщ хы ФIыцэ Iуфэм и щIыдэлъху лъэпкъым – шапсыгъхэм - я деж. 
- Иджы зэманыр нэгъуэщIщ, - хэгупсысыхьауэ адыгэбзэкIэ жиIащ зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхухъум. - Ди щIакхъуэ Iыхьэр къызыщIэтхыу щыта дэжьейIэрысэр пудыщэ хъуащ, адэкIэ къэхъунур тщIэркъым…
Шапсыгъкуейм и нэхъыжь Мамий Сабихьэ зэрыжиIэмкIэ, дэм и уасэм апхуэдизу щIыкIэрыхуам и щхьэусыгъуэр зыкъомкIэ епхащ Евросоюзым хэт къэралхэм яубзыхуа мардэхэм. Европей зэгухьэныгъэм зыхигъэзэгъэну Тыркур дапхуэдизу хущIэмыкъуами, къехъулIакъым. НэгъуэщIуи хъунутэкъым, - жеIэ си псэлъэгъум: бэзэр зэхэтыкIэр, Iуэху зэдэщIэкIэр гущIэгъуншэщ. Европэр зыпылъыр езым я кIэн къызэрикIынщ: нэгъуэщI щхьэ ягъэшхэн хуей, езыхэр зыхуейр Испанием, Италием, Франджым щагъэкIмэ? Къэрал кIуэцI, къэрал щIыб бэзэрым щыIэ уасэхэр зэтригъэувэжын папщIэ, Тыркум и Правительствэм и гугъэщ дэжьейIэрысэ хадэхэм хухэха щIыр нэхъри игъэмэщIэну. Пхъэщхьэмыщхьэм, хадэхэкIым, тутыным елэжьыным фейдэ нэхъ къапыкIыну хуагъэфащэ. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ дэ къэгъэкIыным елэжьу къэгъуэгурыкIуэ шэрджэсхэр властым и Iуэху еплъыкIэм дыкъигъэуIэбжьащ: нобэ жыгхэр къыдоупщIыкI, пщэдей Iуэхум зихъуэжмэ сыт тщIэнур? Апхуэдэ шыгъушыпсыпIэ зэ ихуауэ щытащ къэралыр. «Бзу пыхусыхум» и хъыбарыр ирахьэжьэри, джэдкъазу щыIэр фIагъэжыжауэ щытащ. Иджы дэм къэсащ. БлэкIа илъэситIым и кIуэцIкIэ дэжьейIэрысэ килограммым и уасэм хэхъуэжащ - лири 2,5-м щегъэжьауэ 4,5-м нэс. Пэжщ, иджыпстуи уасэр зэтеувэжакъым…
Апхуэдэ дыдэ гукъеуэ яIэщ Кавказым, хы ФIыцIэ Iуфэм щыIэ адыгэ къуажэхэм щыпсэухэми. ЩIыпIэм щыIэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм къагъэув Iуэхугъуэхэм фейдэ къазэрыхухэмыкIым, щIы-мылъку зэхущытыкIэр зэрызэхэмыгъэкIам къыхэкIыу куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ Iуэхум пэрытыну Iэмал яIэкъыми, бэджэнду къащтэу щыта хадэхэр яутIыпщыж. ЦIыхуIэ зэмыIусэж щIыр зэщIокIэ. КIуэ пэтми пуд хъу дэжьейIэрысэр иджы абы къыщызыгъэкIыр зэса Iуэхур хыфIэзымыдзэжыф унагъуэ зыбжанэщ. БлэкIа илъэс тIощIым къриубыдэу зэгуэр зызыужьауэ щыта, къуажэдэсхэм я щIакхъуэ Iыхьэр къызэралэжьу къэгъуэгурыкIуа мэкъумэш IэнатIэ лIэужьыгъуэр хэкIуэдэжыным нэсащ. 
Хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я Адыгэ Хасэм зэрыщыжаIэмкIэ, Iэщ гъэхъунми, бжьэ зехуэнми, шей удз, пхъэщхьэмыщхьэ къэгъэкIынми къапэкIуэм хощI. 
- Илъэс 30 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, «Лазаревский» совхозым (иджы «Шапсыгъ шей» зи фIэщыгъэм) илъэсым и кIуэцIым шей удз тонн 750-м нэблагъэ къыщIигъэкIыу щытащ, - жеIэ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Чэчыхъу Мэжид. - Мы щIыпIэм къыщыкI дэжьейIэрысэ лIэужьыгъуэм, адрейхэм хуэмыдэжу, куэд къапыкIэрт, IэфIт, узыншагъэмкIэ хущхъуэт. Илъэс къэс мы зы IуэхущIапIэм и закъуэ къыщIигъэкIыфырт дэ тонн 350-360-рэ. Ар, уеблэмэ щхьэдэхырт Совет Союзым и зэманым щыIа бжыгъэхэм. Апхуэдэт бжьэ гъэхъуным и Iуэхури. Мыбдеж къыщыщIагъэкI фо тонн 550-м нэс къэралым иращэрт илъэсым. Иджыпсту апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр ди пшIыхьэпIи къыхэхуэжыркъым. Ди цIыхухэр зыщыпсэу щIым и бысыму зэрыщытыр зыхамыщIэжауэ, Iуэху гугъум къэралым зыгуэркIэ гу къылъимытауэ мэкъумэш IэнатIэм иIэ хъуа щытыкIэр пхуэхъуэжынукъым. Iуэхур хэдгъэтIасэми, дыщIегъуэжынущ.
- Къэрал псом къызэрыщекIуэкIым хуэдэу, мы щIыпIэми мылъкур щызэбгратыкIыжащ, - жеIэ Хасэм хэт, Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеран ТIэш Мурдин. - Субтропикхэм теухуа унафэ къыдэкIащ. Ахэр иджы нэгъуэщIхэм я IэмыщIэм илъщ, дэ дыщалъхуа щIыр бэджэнду къатщтэу аркъудейщ. Мазэ пщыкIузкIэ… ЩIым дызэрыкIэлъыплъыни къыдатынукъым - ди гуащIэ гъущэкIэ делэжьыжу аращ… Бэджэнд къэзыщтэхэм илъэс къэс щIэрыщIэу дэфтэрхэр ягъэхьэзырыж. ИкIэм-икIэжым дэжьейIэрысэ губгъуэу гектар 750-р, жызумейхэр, шей чыцэхэр хэкIуэдэжащ. Ауэ нэхъ шынагъуэр аракъым. Хы ФIыцIэ Iуфэм и щIыдэлъху лъэпкъыр хокIуэдэж. Псом хуэмыдэу, ди щIалэгъуалэр… Абы я щытыкIэр ебгъэщхь хъунущ нэхъапэм щапхъэу къагъэлъагъуэу щыта дэжьейIэрысэ губгъуэхэм иджыпсту яIэ хъуам. Жыгхэр хасауэ щытащ зауэм ипэ къихуэу. Иджы якIэлъыплъын ямыIэурэ зэщIокIэж…
… НапIэзыпIэм уиIэу хъуар пфIэкIуэдыным и гуауэр зыхищIащ Шапсыгъкуейм щыщ Натхъуэ Нэждэт. Властым и унафэкIэ зи жыг щэщI къизыудыжа Нэждэт хущIегъуэжащ. Иджы и дей хадэр къызэригъэщIэрэщIэжыным толажьэ. И къарури илъыжкъым, зэманри къомэщIэкI. Абы къелъытэ ар и къалэн нэхъыщхьэу. ИкIи мэгугъэ зэгуэр псори ипIэ иувэжыну… 
- Адыгэм дежкIэ дэжьейIэрысэр ди щIакхъуэ Iыхьэр къызэрыдлэжь мэкъумэш IэнатIэ къудейкъым, атIэ ар ди тхыдэм, щэнхабзэм, лъэпкъ гупсысэм щыщ Iыхьэщ, - жеIэ Нэждэт. - ХамэщIыр къызыхуиуха ди лъэпкъэгъухэм мыIэрысей, кхъужьей, къыпцIей, дэжьейIэрысэ хадэхэр хасащ. ЛIэщIыгъуэ зи ныбжь хадэу, шэрджэсхэм хасахэм уащыхуэзэр Кавказым и закъуэкъым, атIэ Тыркуми щыIэщ. Абы къыхэкIыу ди хабзэм щыщ хъуа дэ лIэужьыгъуэр къедгъэлын хуейщ. ЩIым ипIащ ди адэхэри, ди адэшхуэхэри. ДепI дэри. Си фIэщ мэхъу ди щIэблэри зэрыхуэгъэшхэнур. ПщIэ, гулъытэ хуэтщIын хуейуэ аркъудейщ…»
 

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ