КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ видеоконференц IэмалкIэ екIуэкIа, УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэхуэсым. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, федеральнэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум.
КIуэкIуэ Казбек къигъэлъэгъуащ КъБР-м щагъэзащIэ проектхэм епха бжыгъэхэр. «Иджырей школ» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ, ухуэныгъэ 16 яухуэ, абыхэм ящыщу 7-р мы гъэм яутIыпщынущ. Иджыпстурей IуэхукIэ школ 40 нэгъэсауэ зэрахьэ, абыхэм ящыщу 10-р илъэситIым и кIуэцIкIэ яухынущ. Школ 29-м лэжьыгъэр и кIэм щынэблэгъащ. Ахэр зэIузэпэщ щIын Iуэхум хеубыдэ унэлъащIэхэр, зэрырагъаджэ Iэмэпсымэхэр, зыхуэныкъуэхэм - яримыкъу еджакIуэ тхылъхэр къызэрыхуащэхур.
«Спорт - норма жизни» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ Налшык щаухуэ «Мыл уардэунэрэ» «БэнэнымкIэ центррэ», иужьрейр яухауэ жыпIэ хъунущ. «Узыншагъэр хъумэн» проектым ипкъ иткIэ лышхым щеIэзэ диспансеррэ зы махуэм къриубыдэу цIыху 500 зэкIуэлIэфыну къалэ поликлиникэрэ яухуэ, IуэхущIапIэ 14 зэрагъэпэщыж. «Щэнхабзэ» проектым ипкъ иткIэ гъуазджэмкIэ сабий школхэмрэ къуажэхэм дэт щэнхабзэмкIэ унэхэмрэ зэрахьэ. КИФЩI-м зегъэужьынымкIэ программэм ехьэлIауэ «Азау - Эльбрус» зэпылъыпIэр зэрагъэпэщыж, Тырныауз щIыуэпсыр зыгъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр щагъэувын щIадзэ.
Къуажэхэм къызэщIэубыдауэ зегъэужьыным епха программэм ипкъ иткIэ IуэхущIапIи 10 яухуэну къалэн зыщащIыжащ, абыхэм хеубыдэ жылагъуэ Iуэху зезыхуэ лэжьакIуэхэр зыщIэсынухэмрэ зыхэпсэукIыпхъэхэмрэ (инфраструктурэ). «Псы къабзэ» проектым и фIыгъэкIэ IэнатIэ 13 зэIузэпэщ ящIыжынущ, къалэхэм псы зэрыщызекIуэ бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэжынущ. «Къарэ-Су - Бабугент - Къэщкъэтау» зэпрышыпIэм ирикIуэ бжьамийхэр щIым щIалъхьа-кIэщ, иджыри IуэхущIапIих яутIыпщыным хуагъэхьэзыр. Къалэр псэупIэ тынш щIыным епха лэжьыгъэхэм япкъ иткIэ жылагъуэ пщIантIэ 48-рэ, унэ пщIантIэ 110-рэ зыхуей хуагъэзащ, Нарткъалэ дэт къалэ паркыр щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжащ. IуэхущIапIэ 17-м лэжьыгъэхэр и кIэм щынэблэгъащ.
«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектымрэ гъуэгу телъхьэнымкIэ федеральнэ проектхэмрэ япкъ иткIэ щIыпIэ 88-м лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIынущ, абыхэм ящыщу 4-м - илъэситIым и кIуэцIкIэ. ЩIыпIэ 73-м зыхуагъэувыжа къалэнхэр щагъэзэщIакIэщ.
«Проектхэми программэхэми зэрытхузэфIэкIкIэ жану дыхохьэ. КъезбжэкIар абыхэм я Iыхьэ мащIэрщ. Къалэн зыщытщIыжа псори зэрытхуэгъэзэщIэнум шэч къытесхьэркъым», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.