Iуащхьэмахуэ и адэ

Шэджэмыпсымрэ Кестантэрэ щызэхэж щIыпIэм дежщ Шэджэмыщхьэ вулканыр зды­хуэзэр. КъызэрыщIэкIамкIи, ар дуней псом щыцIэрыIуэ ди­Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, Кавказым и нал­къутыр къызытекIари аращ!

А вулканыр куэдым яцIыхукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ­Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъахъшэщ икIи мэщэщэж. Ауэ ар апхуэдэу сытым ­дежи щытакъым. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Шэджэ­мыщхьэ вулканыр 8 нэхърэ мынэхъ мащIэу къикIащ икIи и еянэ къикIыгъуэр илъэс щитхукIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа цIыхухэм ягъэунэхуащ!»

Географ цIэ­рыIуэ Страбон и тхыгъэхэм (ди эрэм и пэщIэ­дзэм Кавказ Ищхъэрэм и географием нэхъ щыгъуазэу щы­та, абы теухуауэ тхыгъэ куэд къы­зэзынэкIа алыдж географщ) дызытепсэ­лъыхь вулканыр белджылыуэ къахощыж. А вулканыр егъэ­леяуэ абра­гъуэу щытащ, и зы къикIыгъуэ къэс и лъабжьэр ехымехыурэ, Iуащ­хьэмахуэ ­нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу хъужащ.

Хэт ищIэнт зы зэман Шэ­джэмыщхьэ вулканым и зы ­къикIыгъуэм и Iэужьу къэунэхуа Iуащхьэмахуэ къэзыгъэщIам нэхъ лъагэ хъуну?!

Вулканым и хъуреягъыр бгыщ, дэнэкIэ уплъэми. А лъагапIэм щыIа цIыху закъуэ­тIа­къуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зы макъи щызэхэпхыркъым, зы псэущхьи бзуи щыплъагъуркъым, къапщтэмэ, хьэуари и пIэм ижыхьауэ къыпщохъу, апхуэдизкIэ даущыншэщи. Зыгуэр къыпкIэлъыплъ хуэдэ, уи щхьэ­щыгум ныбжь гуэрхэр ­къиувэу къыпфIощI. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи. Хьэршым къикIыу, зищIысыр къамыхута гуэрхэр мы щIыпIэхэм къыщхьэщыхьэу, тэлайкIэ заIэжьа нэужь бзэхыжу жаIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ