Президентхэм я фэеплъ шыгъажэхэр

Хабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Шэшэн Республикэмрэ я япэ Президентхэу КIуэкIуэ Валерэрэ Урысей федерацэм и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-Хьэжырэ я фэеплъ шыгъажэхэр Налшык щекIуэкIащ. Iэ­тауэ ирагъэкIуэкI мы зэпеуэр къызэгъэпэща хъуным илъэситху ­хъуа­уэ и жэрдэмрэ зэ­фIэкIрэ къыхелъхьэ Кадыров Ахъмэт-Хьэжы и цIэкIэ щыIэ жылагъуэ фондым. Шыгъажэм дихьэххэм мы зэ­пеуэр фIыуэ ялъэгъуащи, кIуэ пэтми еплъыну къекIуалIэ­хэм я бжыгъэм хохъуэ.

Къыхэгъэщыпхъэщ зэм нэхърэ къыкIэ­лъыкIуэ зэхьэзэхуэм Налшык шыгъэжапIэр уи гукъыдэжыр хигъахъуэу фIы дыдэу зэрыхуа­гъэхьэзырыр. Мы иужьрейри апхуэдэт. Абы и фIыщIэ хэлъщ «Росипподромы» акционер обществэми: шыгъэжапIэр зыхуэныкъуэ техникэхэмкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ ар. Зи лэжьыгъэр мы спорт лIэужьыгъуэм епхауэкъекIуэкIхэм ящIэ Налшык шыгъэжапIэр адрейхэм зэре­фIэкIыр. Апхуэдэу къалъытэн папщIэ, иужь зэманым ­икъукIэ лэжьыгъэшхуэ мыбы щызэфIагъэкIащ. ИкIи, IэщIагъэлI пашэхэм къызэралъытэмкIэ, шым я нэхъыфI дыдэхэрщ мы-бы щекIуэкI зэ­хьэзэхуэхэм хэтхэр. Абы щыхьэт то-хъуэ зэ­пеуэм къыщагъэлъагъуэ зэфIэкI- хэр.
ПрезидентитIым я фэеплъу екIуэкIа иужьрей зэпеуэр зэдэжэгъуиплI хъурт. Ахъшэ саугъэту ягъэувам иджыри сом зы мелуан жэрдэм­щIакIуэхэм къыхалъхьащ. Урысейм и ЛIыхъужь Кадыровым и цIэкIэ щыIэ жылагъуэ фондым сабийхэм джэгупIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къахузэ­Iуихащ, мы гъэмахуэ хуабэ егъэлеям нэхъ зыщыгуфIыкIыну мороженэхэр яхуигуэшащ. Зэпеуэхэр щызэпыу зэманым ХьэтIыхъу Вадимрэ ­Холамханов Къайсынрэ уэрэд жаIащ, «Ка­бардинка» къэфакIуэ гупымрэ Къэбэрдей-Балъ­къэрым щIыхь зиIэ и артист Дер Мухьэмэд-рэ къэфахэщ. Бжьыпэр зыубыда шыхэр зейхэм, зыгъэхьэзыра гъэсакIуэхэм, шууейхэм саугъэтхэр езытар КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн, Шэшэн Респуб­ликэм и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуэгъу Терлоев ДжэбрэIил, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Делимханов Iэдэм и дэIэпыкъуэгъу Аушев Саид-Магомед, «Росипподромы» акционер общест­вэм и Кавказ Ипщэ, Ищхъэрэ къудамэхэм я лэжьыгъэр убзыхунымкIэ унафэщI Сэкрэк Заур сымэщ.
Шыгъажэхэр яублэн и пэ, къызэхуэсахэм за­хуигъазэу Терлоев ДжэбрэIил жиIащ:
- Дэ ди Кавказ щIыналъэр зигурэ зи псэрэзэIуха цIыху хьэлэлхэмкIэ къулейуэ къокIуэкI. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм зыкъы­хуэдгъазэри, мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ ди япэ Президентхэм я фэеплъу илъэс къэс Налшык шыгъэжапIэм щедгъэкIуэкIыну, ар хабзэ тщIыну къы­хэтлъхьати къыддиIыгъащи, ди гуапэу ар гъэ къэс къызыдогъэпэщ. Мы зэхьэзэхуэм ди зэныбжьэгъугъэр нэхъри быдэ ищIын ухъу.
Пэублэ зэдэжэм хэта, илъэситI зи ныбжь шыхэр Урысейм и ныпым и щIыхькIэ ягъэува ­саугъэтым щIэбэнащ. Абыхэм яжар метр 1200-рэ ­мэхъу. И нэхъыбэм зэрыхуагъэфэщауэ, абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къардэн Валерэ и шы Гефест Дрим.
Кавказ лъэпкъхэм я цIэкIэ ягъэува саугъэтымкIэ Iэмал иратащ илъэситI зи ныбжьу иджыри текIуэныгъэм и IэфI зыхэзымыщIахэм ар ягъэу­нэхуну. Абыхэм яжащ метр 1600-рэ. Мы етIуанэ зэпеуэм «Малкинскэ»шы заводым и Копирайту (Ред Дубави - Клеопатра Скай) зи фIэщыгъэцIэ пцIэгъуэплъым нэхъ жэр къыхэкIакъым. Ар зейри, зыгъасэри, тесу къэзыгъэжари Шыкуэ Асте­мырщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэкIэ ягъэува саугъэтым щIэ­бэныну илъэсищ зи ныбжь шыуэ 8 метр 2000-кIэ къызэдэжащ. Мыбдеж и ебланэ текIуэныгъэр къыщихьащ Сэкрэк Заур и Альфаиз (Грейт Эмперор - Ифтихар) гъуэплъафэм. Иджыпсту ар зейр Щокъуий Русалинэщ. Ар фIы дыдэу зыгъэхьэзырар Къашыргъэ Залымщ. Шууей къэзыгъэжар япэ категорие зиIэ БаттуевАлимщ.
Шэшэн Республикэм и япэ президент Кадыров Ахъмэт-Хьэжы и цIэкIэ ягъэува саугъэтым щIэ­бэнахэм метр 2400-рэ яжын хуейти, текIуэнурхэтми хуэбгъэфэщэну гугъут, къызэдэжэнухэр те­кIуэныгъэшхуэхэмкIэ цIэрыIуэ защIэти. Гу лъу­мытапIэр иIэтэкъым Налшык шыгъэжапIэм илъэситI ныбжьым иту цIэрыIуэ щыхъуа Юнкерым (Бетрожь Мухьэмэд ейщ). Абыхэм язт Шэшэн Республикэм и «Ахъмат» клубым и шыхэр. Абыхэм зэхьэзэхуэ 18-м 17-рэ япэ увыпIэр къыщахьат. Абыхэм язт Акцент зи фIэщыгъэцIэр. Къызэдэжэгъуэу 28-м 9-рэ бжьыпэр иубыдат. 16-рэ къихьа увыпIэм къыпэкIуэу, саугъэт къратат.
Ерыщу зэпэщIэту къэжахэм я нэхъ псынщIэ къудей мыхъуу, ди къэралым мыбы яжа метр 2400-м иджыри зыми къыщимыгъэлъэгъуа псынщIагъэ (дакъикъи 2-рэ секунд 32, 6-рэ)къыщехъулIащ Акцент (Стик-Анхиалэ) зи фIэ-щыгъэцIэ пцIэгъуэплъым. Зейри зыгъасэриЦа­цаевэ Сулимэщ. Къэзыгъэжар Каппу-шевМыр­зэ­бэчщ. Шыр зыгъэхьэзырахэр гуп мэхъу.
КъыкIэлъыкIуэ шыгъэжэгъуэр Налшык фокIадэм (сентябрым) и 9-м ще­кIуэкIынущ. А махуэм зыщIэбэнынухэр Iуащхьэмахуэ и цIэкIэ ягъэува кубокырщи, къызэгъэпэщакIуэхэм я гуа­пэу фрагъэблагъэ.

ШАФИЙ Аслъэн.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ