ЗэIущIэ гуапэИджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык къэкIуауэ щыIащ Москва къалэм и Правительствэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и Советым хэт, Урыс щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ академием и академик, Москва къалэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Урысейм ис лъэпкъхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Тагашев Сергейрэ Москва и Къэрал Думэм и депутат, «Урысейр си унэщ, си унагъуэщ» Iуэхур зи жэрдэм, ар зи унафэм щIэту екIуэкI Мельниковэ Ольгэрэ. Ахэр ди щIыналъэм щыIущIащ «Урысейм и щэнхабзэ фронт» зэщIэхъееныгъэм Iуэху иным Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, академик, ЮНЕСКО-м хэт, Дунейпсо Артийскэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Бейтыгъуэн Iэуес. Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|