Щхьэхыр узыфэщ

Щхьэхынэхэр бампIэ­гъуэщ: зралъэфыхьу, гукъыдэмыжу, щылъу, щысу, я Iэр къаIэтын къайхьэ­лъэкI нэхъей. Ахэр ягъэу­кIытэн я гугъэу дзы фIащ е ягъэгушхуэ. Ауэ куэдым ящIэркъым щхьэхыр къы­зыхэкIымрэ ар зищIы­сым­рэ.

ЩIэныгъэлIхэм къызэ­ра­хутамкIэ, щхьэхыр псантхуэ системэм къефыкI щы­тыкIэщ икIи пасэрей зэма­ным (цIыхухэм шхэнрэ бэ­гъуэнрэ фIэкIа нэгъуэщI Iуэху щамыIа лъэхъэнэм) къэу­нэхуа щытыкIэщ. ЦIы­хум Iуэху щищIэр зыгуэр щы­хуэ­ныкъуэм, а зыхуэныкъуэр нэгъуэщI зыми къы­щы­хуи­мы­щIэм дежт. Iуэху ущимыIэм деж щхьэкуцIым «зы­щIрегъэх», зыгъэпсэху, уи къару хъумэ, жери, Iэпкълъэпкъым унафэ хуещI. Абы лъандэрэ ди щыIэкIэ-псэу­кIэм зихъуэжащ, цIыхур зы­хуэныкъуэмрэ и Iуэхумрэ хэхъуэ зэпытщ, ауэ псантхуэм и лэжьэкIэм зыкIи зихъуэ­жакъыми, Iэпкълъэпкъым нэхъыбэрэ зригъэгъэпсэхуну хущIокъу.
Псалъэм папщIэ, сабийхэм куэд яхэтщ еджэну, тхэну, лэжьэну хуэмейуэ, щхьэ­хыу. Ауэ апхуэдэхэр нэжэгужэ дыдэу мэджэгу, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм яфIэфIыпсу пэ­рытщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдэ сабийхэм балигъ­хэм жаIэу куэдрэ зэхах «еджэ­ным псыхэкIуадэ ищIа илъэс бжыгъэхэм», «я псэм дэмыхьэ лэжьыгъэм гугъу зэрыригъэхьым» теухуа хъыбархэр. Ауэ щы­хъукIэ, ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум ифI къэзылъыхъуэу къыдекIуэкI псантхуэ системэм упщIэ къегъэув: «Уи фейдэ щыпымылъкIэ, гугъу уще­хьынукIэ - умыщIэ, зыгъэ­псэху!».
Ауэ щыIэщ гугъуехьышхуэ зыпылъ лэжьыгъэ гуэр ягъэзащIэмэ, абы фIыгъуэ къы­зэрыпэкIуэнур зы­щIэхэр, ауэ гукъыдэж ямыIэу, лэжьыгъэр щIамыдзэфу. Ап­хуэ­дэхэм деж цIыхур зыгуэрым щышынэу арауэ жаIэ психологхэм: е къемыхъулIэнкIэ, е нимыщIысынкIэ, е и лэжьыгъэр цIыхухэм ягу иримы­хьынкIэ. Къищынэ­мы­щIа­уэ, цIыхум и акъылыр хуте­мыухуэу, къыдалъхуа узу, ищIэм тегупсысыкIыу. Мы щытыкIэр нэхъыбэу зыхуэ­лъэр депрессие зиIэхэращ. Апхуэдэхэм дохутыр зрагъэплъмэ, психолог зрагъэлэжьмэ, псори зэхуэхъу­жынущ.
ЦIыхур ешами, щхьэхынэ мэхъу. Ар жейкIэ иримыкъу­мэ, тэмэму мышхэмэ, кофе, тутын, фадэ ефэмэ, махуэм жейрэ жэщым лажьэмэ, и къарур щIокIри, зыри хуэ­мыщIэу щхьэхынэ мэхъу. Апхуэдэ дуней тетыкIэм цIы­хум и Iэпкълъэпкъыр зэры­лажьэмрэ и гупсысэкIэмрэ ехъуэжри, ныкъуэдыкъуэ ­мэхъу.
Психологхэм зэрыжаIэмкIэ, языныкъуэхэм деж щхьэ­хым лъабжьэ хуохъу и сабиигъуэм цIыхум и гур изы­къутыхьын гуэр и нэгу щIэкIамэ, зэхихамэ, «пщIэр хъур­къым, уеджэфыркъым, ущIы­кIафIэкъым, утеплъа­фIэ­къым» жаIэурэ и жагъуэ ящIамэ.
Иужьрей зэманым ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ цIыхум ­лъатэ уз, гу уз иIэмэ, эндок­риннэ системэр тэмэму мы­лажьэмэ, Iэпкълъэпкъыр ма­хэ зэрыхъур. Ауэ щыхъу­кIэ, цIыхур лажьэурэ къыхуэ­нэжа гуащIэр щIэмыкIын, ныкъуэдыкъуэ мыхъун папщIэ, щхьэкуцIым «умыла­жьэ, щхьэх» жиIэу Iэпкълъэпкъыр къегъэдаIуэ.
КъищынэмыщIауэ, щIэныгъэлIхэм къыхагъэщхьэхукI гъэм и зэманхэм елъыта щхьэхыр. Псалъэм папщIэ, цIыхум витамин хуримы­къуу, и къарур щIэкIауэ гъатхэр къохьэ. Е, гъэмахуэр апхуэдизкIэ хуабэщи, зыри пхузэфIэкIыркъым, уомэх. Къэ­хутэныгъэхэм къагъэ­лъэгъуащ дунейр градус ­23-м нэхърэ нэхъ хуабэмэ, цIыхум и лэжьэкIэм проценти  4 зэрыкIэрыхур. Зэрыгу­ры­Iуэ­гъуэ­щи, нэхъ хуабэху,  а процент бжыгъэм нэхъри хохъуэ. Ауэ щыхъукIэ, уна­фэщIхэм я къалэнщ цIыхур вэгъзэгъыу щылэ­жьэфын, гъэщIыIэтыIа пэш къыхузэ­рагъэпэщыну: кондиционер, жьыху щIагъэувэну.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.