МафIэсым ирижьыкIа хытIыгу

Гавайи хытIыгухэм ящыщу Мауи къыщыхъуа мафIэс шынагъуэм цIыхушхуэ хэкIуэдащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр куэдкIэ нэхъыбэ мэхъу, ауэ нобэкIэ 122-ращ зи хьэдэ къагъуэтыжар. 
ШыщхьэуIум ипэхэм Гавайи и мэзхэр мафIэм зэщIищтат. Ар къызыхэкIауэ зыхуагъэфащэр иужьрей зэманым дунейр хуабащэу, жьапщэу зэрыщытарщ. Уэгъум къэлыба мафIэсыр напIэзыпIэм хытIыгум ирикIуащ, цIыхуи, псэущхьи, уни, машини щымысхьу. Уеблэмэ хыщхьэм тет кхъуафэжьей, кхъухь нэгъунэ зэтрисхьат, псым зыхэзыдзахэр дэIэпыкъуэгъу пэплъащ сыхьэт бжыгъэкIэ. 
ЗэрыжаIэмкIэ, США-м къыщыхъуа мафIэсыр иужьрей илъэси 100-м щыIахэм я нэхъ шынагъуэщ. Абы зэтрикъутащ ухуэныгъэ, унэ, къат куэду зэтет псэупIэ, лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ фэеплъ мини 2,2-рэ. КъэпщытэныгъэхэмкIэ къэрал IуэхущIапIэм къызэрыщабжамкIэ, меларди 5,52-рэ и уасэ мылъку хэщIащ къэралыгъуэм. ХытIыгум и къухьэпIэмкIэ щыIэ Лахайнэ къалэр зыри къыхэмынэжу исащ мафIэм, екIуэлIапIэншэу цIыху 1400-рэ къэнащ, щIы гектар 850-рэ Iисраф ищIащ. 
«Гавайи къылъыса насыпыншагъэр гъэзэкIуэжыным, хытIыгур щIэрыщIэу зэтеухуэжыным дыхуэхьэзырщ, псэупIэншэу къэна цIыхухэри зыхуей хуэдгъэзэнущ», - жиIащ США-м и президент Байден Джо. 
МафIэсым текIуэдауэ зи хьэдэ къагъуэтыжар куэд мэхъу. Ауэ, щIыналъэм и губернаторым зэрыжиIэмкIэ, а бжыгъэр иджыри хэхъуэнущ. Сыту жыпIэмэ, мин бжыгъэхэр хъыбарыншэу кIуэдауэ ягъуэтыжыркъым, къищынэмыщIауэ, мафIэм иса щIыпIэм и процент 38-рщ нобэкIэ къапщытар. 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.