КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Си хэкуэгъу лъапIэхэ! Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу! Нобэ пщIэ хэха худощI ди къэралым гербымрэ гимнымрэ я гъусэу къэралыгъуэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я дамыгъэ нэхъыщхьэу щыт и ныпым. Къэрал ныпыр и нэщэнэщ Урысейм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэкъуэтыныгъэ быдэм, ахэр Хэкум зэрыхуэпэжым, къэралым и нобэмрэ къэкIуэнумрэ щхьэкIэ жэуап зыхь дэтхэнэ зыми я зэгурыIуэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ. Аращ лъабжьэ хуэхъур къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным, къэралым и цIыхуу зэрыщытыр хьэкъ щыщIыным, Урысейм и тхыдэм пщIэ хуащIыу егъэсэным, Хэкур адэкIи тхъумэн хуейуэ уэсят къытхуэзыщIа ди адэжьхэм я текIуэныгъэм.

Зэманым къытхуигъэув лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехьхэмрэ дыщыхэт мы лъэхъэнэм а хъугъуэфIыгъуэхэм нэхъри жыджэрагъ къытхалъхьэ ди къэралым и лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр тхъумэнымкIэ, къэралыгъуэ лъэщ, уардэ хъуным ди къару етхьэлIэнымкIэ.

Си фIэщ мэхъу ди Хэкум и зыужьыныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэ едгъэфIэкIуэнымкIэ Урысейм и Къэрал ныпым нэхъыбэжым дызэрытригъэгушхуэнур. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм узыншагъэ быдэ, гурыфIыгъуэ, ехъулIэныгъэ яIэну сохъуэхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.