Япэ зэхыхьэгъуэр яухащ

Мы махуэхэм Псыхуабэ щрагъэжьэжащ «Мэшы­къуэ-2023» зэхыхьэм хэта япэ гупыр. А Iуэхум зыкъ­ра­гъэ­хьэлIат УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Бондаренкэ Еле­нэр­э Ставрополь щIыналъэм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ, щIыналъэм финансхэмкIэ и министр Калинченкэ Ларисэрэ.

Калинченкэ къыщып­са­лъэм щIалэгъуалэм фIы­щIэ яхуищIащ Iуэхугъуэ пыу­хы­кIахэр къызэрыхалъхьэм, а­быхэм хэкIыпIэ къызэрыхуа­гъуэтым папщIэ. Министрым зэрыжиIамкIэ, щIалэгъуалэм утыку кърахьа жэрдэмхэм ящыщ зыбжанэ Ставрополь щIыналъэм щагъэзэщIэну я мурадщ.
- «Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэ­хыхьэм фызэрыщыIэну пIалъэр и кIэм нэблэгъащ, сэ къызолъытэ мыбы хэтахэм фи гъащIэм зихъуэжыну. Фэ ныбжьэгъущIэ куэд, акъы­лэгъу къывдэхъухэр къэвгъуэ­там имызакъуэу, куэд къэф­щIащ, фи щIэныгъэм хэвгъэхъуащ. ЕгъэджакIуэхэм щхьэ­хуэу фIыщIэ яхуэсщIынут: абы­хэм яхузэфIэкIащ Iуэхугъуэ куэдым и купщIэр къа­лъагъуу, и хэкIыпIэу щыIэхэри къыхалъхьэн. Сэ сыхуейщ мы зэхыхьэр гъэщIэгъуэн зыщIа дэтхэнэми фIыщIэ фхуэсщIыну, - жиIащ Ларисэ.
 Абы и псалъэхэм къыпищащ Бондаренкэ Еленэ.
- «Мэшыкъуэ» зэхыхьэр сигу ирохь, илъэс къэси сфIэфIу сыкъокIуэ. Гу зылъыстаращи, мы зэхыхьэр илъэс къэс ­нэхъыфI мэхъу, зеужь. Зызы­м­ы­хъуэжыр зыщ - мыбы щы­зэхуэс щIалэгъуалэр хэкуп­сэщ, ныбжьэгъугъэр зыгъэ­лъапIэу зи мурадхэр гъащIэм хэзыпщэфщ. Мы гъэм ди къэ­ралым ЕгъэджакIуэмрэ унэ­тIа­кIуэмрэ я илъэсу зэрыщагъэувам къыхэкIыу, щIалэ­гъуалэ зэхыхьэм щызэхуашэсар къыдэкIуэтей щIэблэр зы­гъасэмрэ щIэныгъэ езы­тым­рэщ. Си фIэщ мэхъу мы­бы зэманыр пщIэншэу зэры­щыв­мыгъэкIуар. ФыкъэмыувыIэу зывужь. Мурадхэр ­зы­хуэвгъэуви, ар зэры­зэв­гъэхъулIэнум фыхущIэкъу. Фи зэфIэкIым шэч къытев­мыхьэу фыпсэу, феужьэрэкI,- жиIащ депутатым.
Псалъэ гуапэкIэ щIалэгъуа­лэм захуигъэзащ «Мэшы­къуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэм и унафэщI Пальцев Иван.
- Мы гъэм «Мэшыкъуэ» къэкIуэну хуейуэ цIыху мини 8-м тхыгъэ къытхуагъэхьат, ап­хуэдиз зэи диIакъым. Ди зэхыхьэм и мыхьэнэ нэхъыщ­хьэм - къэкIуэнум хуэлэжьэнум - фрищыхьэтщ. Егъэджа­кIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ фи пщэм къалэнышхуэ дэлъщ, а Iуэхум къару, зэман ин зэ­рытевгъэкIуадэм дыщыгъуа­зэщи, абы папщIэ пщIэшхуэ фхудощI. Ди гуапэщ фи IэщIагъэр евгъэфIэкIуэн мурад дахэ фызэриIэр, - жиIащ Иван.
Япэ Iыхьэр щызэхуащIы­жым иращIэкIа пшыхьым зи лэжьыгъэр нэхъыфIу къалъытахэр щагъэнэIуащ. НыбжьыщIэ 17-м сом мелуани 5,8-рэ иратынущ я мурадхэр зрагъэхъулIэн папщIэ. Къи­щынэмыщIауэ, щIалэгъуа­лэм щыщу нэхъ жыджэрхэм, Iуэхугъуэ зэмылIэужьы­гъуэ­хэмкIэ къыхэжаныкIахэм  тыгъэ хуащIащ.
Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.