МардэщIэхэм тоувэ

ЗэхъуэкIыныгъэхэр щыкуэдщ ди гъащIэм. Апхуэ­дэу мы гъэм фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ мардэ­щIэхэм тоувэ къэралым щы­лажьэ спорт школхэр. Ахэр егъэджэныгъэ щы­зэфIах Iуэ­хущIапIэхэм хуагъэдэнущ, сабийхэм ядэлажьэ гъэ­сакIуэхэр, тренерхэр педагогикэ IэщIагъэлIу къалъытэнущ. А Iуэхугъуэ­щIэхэм ятеухуауэ федеральнэ хабзэхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр иджыб­лагъэ хэIущIыIу ящIащ.

 А Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэм фIы куэд кърикIуэну хуагъэфащэ. Апхуэдэу педагогикэ лэжьакIуэу дяпэкIэ къалъытэну тренерхэм школ егъэджакIуэхэм яIэ хабзэ со­циальнэ шэсыпIэхэр ягъуэтынущ: я улахуэм хэхъуэнущ, илъэс къэс хухах зыгъэпсэ- х­угъуэ зэманыр нэхъыбэ хъунущ, аттестацэхэм нэхъ лъэпощхьэпоуншэу пхыкIынущ. Къэрал унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, спортым дихьэх ныбжьыщIэхэми я Iуэхур нэхъ дэкIынущ, апхуэдэу хъумэ. ЗыщагъасэкIэ, нэхъ Iэма­лыфI­хэр ягъуэтынущ, лэ­жьыгъэр къызэрызэгъэпэща хаб­зэхэри ефIэкIуэнущ. Абыхэм ятещIыхьа зэхъуэ­кIы­ныгъэхэр зэрыт, Iуэху зехьэкIэщIэхэр щызэпкърыха дэфтэрищэхэр къащтащ.
КъинэмыщIауэ, Iуэхугъуэ­щIэхэр ятещIыхьауэ щытынущ бжыгъэр зи лъабжьэ технологие пэрытхэм. Абы зэпищIэнущ къэралым и щIыналъэхэм щыIэ апхуэдэ IэухущIапIэ псори, дэтхэнэми щекIуэкI лэжьыгъэри IэнатIэм пэрыт IэщIагъэлIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIри наIуэ къи­щIу. Аращи, Iэмал ягъуэтынущ спорт школ къэси, абы щы­лажьэ дэтхэнэ тренерми я лэжьыгъэр, абы кърикIуэ­хэмрэ къит хъерхэмрэ ялъагъужыну. Зэрыщыту къапщ­тэмэ, сабий-ныбжьыщIэ спорт IэнатIэм иIэ щытыкIэм, абы къэралым зэрызыщиужьымрэ Iуэхум хэлъ лъэпощхьэпохэмрэ укIэлъып­лъыфынущ, нэхъ тыншу ебгъэфIэкIуэфынущ.
Спортым, физкультурэм, егъэджэныгъэм ехьэлIа хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьар иджыблагъэми, къэ­ралым щылажьэ спорт школхэм я IэщIагъэлIхэм ящыщ куэдым нэхъ пасэу ягъуэтащ «педагог-тренер» цIэр. Нобэ ди Урысейм Федерацэм щыIэ спорт зэгухьэныгъэу мини 5-м щIигъум я нэIэм щIэтщ IуэхущIапIэ мин 53-м нэс. Абыхэм йокIуалIэ спортым дихьэх цIыху мелуани 3-м щIигъу, гъэсакIуэхэу мин ­90-м щIигъу щолажьэ. Ахэр егъэджакIуэ IэщIагъэлIу ­ялъытэ. Спорт IуэхущIапIэхэм ящыщ куэдми егъэджэныгъэ IэнатIэу зэрыщытым щыхьэт те­хъуэ лицензэхэр зрагъэ­гъуэтащ.
Иджы, хабзэхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр къэплъы­тэмэ, щIэблэр спортымрэ физ­культурэмрэ нэхъри дегъэхьэхыным, ныбжьыщIэхэр гъащIэ узыншэм хуэущии-ным ехьэлIа лэжьыгъэ псори нэхъ тэрэзу зэфIахынущ. Я Iуэхур нэхъ дэкIынущ мардэщIэхэм теувэ IуэхущIапIэхэми абыхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэми. А псори зыхуэу­нэтIыжар щIэблэ узыншэ ди къэралым къитэджэнырщ.

 КЪАРДЭН  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.