Сабий къезышэкIхэр сакъын папщIэ

Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжыным ирихьэлIэу автоинспекторхэм, КИФЩI-м щыIэ «Роспотребнадзор»-м и МТУ-м, КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм, щIыналъэ егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэмрэ еджапIэхэм я унафэщIхэмрэ ящIыгъуу къапщытащ школ автобусхэр.

Апхуэдэуи гулъытэ ­хуащIу зрагъэщIащ сабийхэр къезышэкIынухэр а лэжьыгъэм зэры­хуэ­хьэ­зы­рыр: хуит зыщI категорие яIэ, илъэс дапщэ хъуауэ ­мы Iуэхум пэрыт, гъуэгум зэры­щызекIуэ хабзэр къыщызэпауда къэхъуа.
Къэпщытэныгъэм къы­зэ­ригъэлъэгъуамкIэ, школ автобус 52-р лэжьыгъэм хуэ­мыхьэзыру къалъытащ, абы­­хэм ящыщу техникэ ­ныкъусаныгъэхэм къыхэ­кIыу 6, ОСАГО страховой полис зимыIэу 2, техникэр и чэзум къримыгъэпщытауэ 1, зи тахографыр мытэмэму 3, шоферхэм хуэфащэ категорие ямыIэу 29-рэ, къе­шэкIынымкIэ лицензэ зимыIэу 2.
ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм шоферхэр къыхураджащ гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр Iэмал имыIэу ягъэ­зэщIэну, псом хуэмыдэу сабийхэр къешэкIыныр­шы-нагъуэншэу щытын папщIэ щIапхъэхэр зыща­мы­гъэ­гъупщэну.

БАХЪСЭН  Азэмэт.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.