«Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэм мы махуэхэм щыIащ УФ-м и Къэрал думэм и депутат, егъэджэныгъэмкIэ абы и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Лантратовэ Янэ.
Лантратовэм Мэшыкъуэ и щыпэкъакIуэкъым, 2010 гъэм щыщIэдзауэ ар щIалэгъуалэ зэхыхьэм хэтащ проект пхигъэкIыу, гъэсакIуэу, егъэджакIуэу.
Абы жиIащ иджы щылажьэ IэнатIэм хуэкIуэнымкIэ «Мэшыкъуэр» сэбэп къызэрыхуэхъуар. Япэ курыт еджапIэм щыщIэсым, сабий унэхэмрэ интернатхэмрэ кIуэуэрэ сабийхэм ядэIэпыкъурт. Университетым щыщеджэми защIигъакъуэрт сабий унэм къыщIагъэкIахэм къэралым къарит унэр къахудэхынымкIэ. ИтIанэ тегушхуэри къызэIуихащ сабийхэм я хуитыныгъэр хъумэным телажьэ IуэхущIапIэ.
2013 гъэм ар «Союз добровольцев России» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и унафэщI хъуат. А илъэсым абыхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIахащ КъухьэпIэ Жыжьэм щыпсэухэм щыщу псыдзэ зыщIэуахэм ядэIэпыкъуным теухуауэ.
- 2014 гъэм Краматорск кърищIыкIри цIыхубз гуэр си деж къэпсэлъащ. Абы щыгъуэ Донбасс зауэ къыщыхъеят. ЦIыху хейхэмрэ сабийхэмрэ лей къатехьэрт. ЦIыхубзым жиIащ къалэм удэкI-удыхьэ зэрымыхъур, щIы унэхэм сабий мини 3 зэрыщIэсыр. Сэ а щIыпIэм сыкIуащ, апхуэдэхэм деж нэхъ къэсэбэпыну хьэпшыпхэмрэ ерыскъырэ яхуэсшэри. Зауэ щекIуэкI щIыпIэм сабийхэр къитшащ. Егъэлеяуэ шынагъуэт, цIыхухэр щысхьыншэу яукIырт. Украинэм и Президентым письмо хуэстхат, сабийхэр а щIыпIэм зэритшыну гъуэгу къытхузэIуихыну селъэIуу. АрщхьэкIэ жэуап къызитакъым. Къэрал 18-м Iэ щIадзащ сабийхэм папщIэ шынагъуэншэу щытыну гъуэгу дызэрыхуейм, абы яужь сэ террористу Украинэм сыкъыщалъытэри, а къэралым сихьэ мыхъуну ящIащ. Ауэ щыхъукIи, дэ тхузэфIэкIащ сабий мини 2500-рэ а мафIэ лыгъэм къыхэтшын, - игу къегъэкIыж Янэ.
ЗэIущIэм и Iыхьэшхуэ теухуауэ щытащ Украинэм и курыт еджапIэхэм я программэр зэрахъуэжам и ягъэкIэ абы и цIыхухэр ди къэралым и бий зэрыхъуам.
-Тхылъ 300-м нэблагъэ IэщIагъэлIхэм щIапщытыкIати, къызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм тхыдэр зэхъуэкIауэ, IуэнтIауэ къыщагъэлъэгъуат. Тхылъым и кIэм деж къагъэсэбэпа литературэр итщи, ахэр псори НАТО-мрэ ООН-мрэ ейщ.
Тхылъым и напэкIуэцI къэс ди къэралым уигу зэрыщыкIын хъыбарщ, Iуэхугъуэщ итыр. Абы къикIращи, Украинэм и сабийхэр куэд щIауэ хуагъэхьэзы- рырт къызэрезэуэнум. А сабийкIэ дызэджэхэр иджы илъэс 18-м щIигъуащ, абыхэр псори ди къэралым Iэщэ яIыгъыу къыдозауэ, - жеIэ Янэ. Абы къыхигъэщащ ди зэманым егъэджэныгъэ Iуэхум и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу зэрыи-ныр.
- Ди къэралым и сабийхэр зэреджэну къыдагъэкIа учебникхэр щIэтпщытыкIати, абыхэми гъэщIэгъуэн куэд къыщыдгъуэтащ. А тхылъхэр зытххэр зэлIалIэр ахэр ФГОС-м и жыпхъэм изагъэу щытынырщ.
А щыуагъэхэр дгъэзэкIуэжын папщIэ, дэ учебникхэм я бжыгъэр дгъэмащIэри, Iэмал имыIэу яджын хуей дерсхэр дубзыхуащ. Иджы догъэхьэ-зыр къэралым щыпсэу псори зэщхьу зэреджэну учебникхэр, - жиIащ Лантратовэм.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр теухуауэ щытащ сабийхэр, щIалэгъуалэр дэзыхьэхыпа Интернетыр абыхэм я гъащIэм дежкIэ зэрышынагъуэм.
- Сабийхэм Iей зэрыщыIэр ящIэркъыми, Интернетым къралъхьэ псори я фIэщ мэхъу. Языныкъуэ адэ-анэхэри щыгъуазэкъым Интернетым къишэ зэраныгъэм. Арати, дэ едгъэжьащ «Дети в Интернете» проектыр. Абы и фIыгъэкIэ дэ тхузэфIэкIащ заукIыжыну яужь ихьа сабий 16 къедгъэлыну, школиплIым теуэну мурад зыщIахэр къэдгъэувыIэну, - жеIэ Янэ.
ЗэIущIэм и кIэухым щIалэгъуалэм еущиящ, я мурад- хэм зэрыхуэкIуэфыну Iэмал-хэм теухуауэ. Абы жэуап яритащ щIалэгъуалэр зыщIэупщIам.
- Къэралым и къэкIуэнур зэлъытар фэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къыдэкIуэтей щIэблэм махуэ къэс фэращ ядэлажьэр. Абы и мыхьэнэр инщи, а Iэмалымрэ зэманымрэ зыIэщIэвмыгъэкI, фи зэфIэкIхэр къэвгъэсэбэп. Зыщывмыгъэгъупщэ Урысей къэрал лъэщым дызэрыщыпсэур, - къызэщIикъуэжащ Лантратовэ Янэ и псалъэхэр.
Щомахуэ Залинэ.