Къэбэрдей-Балъкъэрым Хабзэншагъэ къыщымыхъуным кIэлъыплъ, зэпыу имыIэу ла-жьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым Экономикэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ советымрэ я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм КъБР-м къегъэщIылIа и къэрал инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, Правительствэм хэтхэр, министрхэр, муниципальнэ щIыпIэхэм я администрацэхэм я унафэщIхэр, хабзэхъумэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм я унафэщIхэр, дзэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр.
ЩIыналъэ щхьэхуэхэм, къалэ округхэм, егъэджэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэм щIэпхъаджагъэ къыщымыхъуным хущIэкъуным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щызэпкърахащ зэхуэсым. Гу лъып-тэу мыхъумыщIагъэм и щыхьэту къэув бжыгъэхэр зэрыхэщIар къыхагъэщащ, ар муниципальнэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я фIыгъэу къалъытащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, республикэм и унафэщIым къызэхуэсахэм къалэн ящищIащ хабзэншагъэ къэмыхъуным хуэгъэза Iуэху псори щIагъэхуэбжьэну.
Гулъытэшхуэ хуащIащ школхэм щIэпхъаджа-гъэ къыщымыгъэхъуным, гъэсэныгъэ Iуэхухэр егъэфIэкIуэн зэрыхуейм. Зи гугъу ящIыр егъэджакIуэхэм я жэуаплыныгъэм хэгъэхъуэнырщ, гулъытэ щхьэхуэ хуэныкъуэ сабийхэм зэрадэIэпыкъунырщ, псалъэм папщIэ, «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектыр къагъэсэбэпкIэрэ. КъинэмыщIауэ, зыгъэпсэхугъуэм къриубыдэу сабийхэр лагерхэм кIуэфын папщIэ, республикэм лэжьыгъэ щокIуэкI.
Щхьэхуэу тепсэлъыхьащ «Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хэтхэм, я щхьэ хуэлэжьэжхэм защIэгъэкъуэн» лъэпкъ проектыр зэфIэха зэрыхъум. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр мыпхуэдэщ: я щхьэ хуэлэжьэж цIыхухэм ядэIэпыкъун, «стартапхэм»-кIэ, хьэрычэт Iуэхум и лIэужьыгъуэ псомкIи защIэгъэкъуэн. КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, дызэрыт зэманым республикэм я щхьэ хуэлэжьэж хьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэм щыхэхъуащ, псори зэхэту цIыху мин 66-м нэсащ. ФIыкIэ зихъуэжащ хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ епхахэм я бжыгъэми. Ар и фIыгъэщ Iуэхур зылъахъэ кIэлъыплъыныгъэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуам, къэралым хьэрычэтыщIэхэм я дэтхэнэ жэрдэмми зэрызыщIигъакъуэм.