Яхуэмышынэр Мэшыкъуэт

ТхакIуэ, усакIуэ, еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэу щыта Нало Заур 1954 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и гуащIэ щымысхьу щылэжьат. Абы и щIэиныр дэ нобэми къытхуощхьэпэ. И лъабжьэмкIэ къэтхьар адыгэхэм я Iуащхьэжьхэм ятеухуауэ абы зэхуихьэсыжахэм щыщщ.

Агуей - Псыкъупсыщхьэ деж (шапсыгъ хыIуфэм).
Аулъ - Лазаревск къалэ деж (шапсыгъ хыIуфэм).
Аушыджэр - Шэрэдж псыхъуэ, Дыгъужьыкъуей (Аушыджэр) къуажэ и къуэхьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщытщ.
Аушыджэрыр (аущ Джэрджэ цIэм къытекIа псалъэщ) пасэрей адыгэхэм Аушэджэр (чристэнхэм святой Георгий жыхуаIэращ) тхьэпэлъытэхэм хабжэрт, мэкъумэшыщIэхэм, зекIуэлIхэм, щакIуэхэм я телъхьэу къалъытэрт. А Iуащхьэ дахэм Аушыджэр щIыфIащар тхьэпэлъытэр абы тес ягугъэурэ тыхь щыхуащIырти аращ.
Афы - Афыпсыщхьэ деж (Адыгейм).
Бещто - Псыхуабэ къалэ деж (Ставрополь щIыналъэм).
Гъуэитх - Шаумян къуажэм деж (шапсыгъ хы Iуфэм).
Дыхтау - Шэрэджыщхьэ (Къэбэрдей-Балъкъэрым): щхьэпапцIэ щимэщ.
Къэнжал Iуащхьэ - Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щытщ, Балъкъ псыхъуэщхьэ ижьырабгъукIэ. Къэбэрдейр яхъунщIэн, зыIэщIалъхьэн ягугъэу къатеуа тыркудзэ-кърымыдзэр абдеж щызэтраукIати, Iуащхьэм и цIэр абы къытекIауэ жаIэ: «къан жол» - жиIэмэ, тэтэрыбзэкIэ «лъы гъуэгу» къокI. 
Махуэгъэпс - Бахъсэн къ. ипщэкIэ, Ислъэмей и гупэкIэ къыщыт бгыщ.
ЛIыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, Къэбэрдейр зытехъукIыжа Тамбий и къуэ Къэбардэ и кхъэр Махуэгъэпс тетщ. Къэбардэ и зэманым хэкум нэгъуейр нэхъыбэу ист. Зэгуэрым Къэбардэ и фызыр нэгъуей хъаным илъагъури къехъуапсащ. Хъаным къыпеубыд - уи фызыр къызэт, жеIэри. Къэбардэрэ и фызымрэ зэгурыIуэри, Къэбардэ хъаным жриIащ: - Хэкум уикIрэ сэ къысхуэбгъанэмэ, фызыр узот, - жиIэри. Хъаныр аразы хъущ, цIыхубз дахэр Iихри хэкум икIащ, и цIыхури здришри. Къэбардэ и фызыр иужькIэ и лIым деж къэкIуасэжащ.
Абы лъандэрэ ди хэкум КъэбэрдейкIэ йоджэ, - жаIэ лIыжьхэм. Къэбэрдей – жиIэмэ «Къэбардэ и хэку» къокI.
Мэшыкъуэ - Псыхуабэ къалэ къыбгъурытщ (Ставрополь щIыналъэм).
Кърым хъаныр Къэбэрдейм къытеуэри, я фызхэр, я бынхэр, я мылъкур ятрихыу хуежьащ. Кърымыдзэм щигъэзэжым, Бещто лъапэ щыпсэу адыгэхэм тазыр ятрилъхьэну къэувыIащ, Мэшыкъуэ жыхуаIэр пщылI щIалэ пхъашэт. Абы и ныбжьэгъухэр къигъэдаIуэри Iуащхьэшхуэ гуэрым тет мэзым щIыхьэжащ. Ахэр мэзым къыщIэкIыурэ тэтэрыдзэ бэлэрыгъам ятеуэрти зэтраукIэрт, гъэру яубыдахэр къытрахыжырт. Апхуэдэурэ зэман зыкъом кIуащ. Мэшыкъуэ и ныбжьэгъухэм щыщ зыбжани къаукIащ, адрейхэри я унэ кIуэжащ. ЯхуэмыукIыр, яхуэмышынэр Мэшыкъуэт. Абы и цIэр зэхахамэ, тэтэр зауэлIхэр къэмэхырт. ИтIанэ хъаным и унафэкIэ къащIащ Мэшыкъуэ мэзым къызэрыщIэкI-зэрыщIэхьэж лъагъуэр. Зэгуэрым Мэшыкъуэ мэзым къыщIэкIауэ, тэтэрхэм дзэ яшэри, а лIыхъужьым и лъагъуэм деж хагъэтIысхьащ чыцэм. Нэхущым деж адыгэ лIыхъужьыр мэзым щIэхьэжрэ пэт, тэтэр зауэлIхэр еуэри, лIы бэлэрыгъар яукIащ. ЕтIуанэ махуэм Мэшыкъуэ и ныбжьэгъухэр кIуэри, абы и хьэдэр Iуащхьэ щыгум дахри щыщIалъхьэжащ. Абы лъандэрэ а Iуащхьэм Мэшыкъуэ и IуащхьэкIэ йоджэ. Аращ Къэбэрдей лIыжьхэм жаIэжыр.
Псыащхъуэ - Лабэжьей псыхъуащхьэм (Адыгейм).
Собай къущхьэ (е Сыбыр Iуащхьэ) - Убын псыхъуащхьэм (Адыгейм).
Тхыб - Михайловскэ щхьэдэхыпIэм деж, Геленджик пэгъунэгъуу (шапсыгъ хыIуфэм).
ТхьэкIагъ цIыкIу - Псыбэй районым итщ (Адыгейм).
ТхьэкIагъышху - Хуэдзыщхьэ (Адыгейм).
Уэщтен - Щхьэгуащэрэ Пщыхьэрэ я псыхъуащхьэм (Адыгейм).
Фыщт - Щхьэгуащэрэ Пщыхьэрэ я псыхъуащхьэм (Адыгейм).
Хьэрамэ Iуащхьэ - Дзэлыкъуэ районым итщ, ЕтIэкъуэ къуажэм ипщэкIэ. ЛIыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, ар нартхэм я джэгупIэу щытащ: Жаншэрхъ жыхуаIэ гъущI шэрхъ иныр абы къраутIыпщхьэхырт, Iуащхьэ лъапэм щIэт нартыр IэдакъэкIэ, лъапэкIэ е натIэкIэ еуэрти дрихуеижт.
Зэгуэрым нартыжьхэм СосрыкъуапцIэр яукIыну мурад ящIри и щэхур зрагъэщIащ. Абы и куэпкъыр жырти Iэщэ пэлъэщыртэкъвм, ауэ и лъэгъуажьэхэр лырэ къупщхьэти, ар зыми къаримыгъащIэу Сосрыкъуэм иущэхурт. Ауэ и бийхэм ар къащIэри, Сосрыкъуэ здэджэгум, къыжраIащ: лъэгуажьэкIэ къеуэ! - жаIэри. Сосрыкъуэ абы лъэгуажьэкIэ щеуэм, шэрхъ жаныжьым нартым и лъакъуитIыр къыпихри, джэлащ. И бийхэм Сосрыкъуэ псэууэ щIатIащ. Ауэ ар гъатхэ къэс къопсэужри, дунейм къытехьэжыну къоIэ:
- Тхьэрыкъуэфым зиубгъуу ныбгъуэм «къыу!» щыжиIэкIэ, зы махуибл къудей хуиту къэскIухьыну сытетащэрэт мы дунейм: щIым мызахуэу тетыр сэ зэхуэдэ сщIынт, си бийхэм я нэр сэ къистхъынт! - жеIэри.
АрщхьэкIэ нартыр щIым къиутIыпщыркъым,къыщимыутIыпщкIэ магъри и нэпсхэр псыхущхъуэу щIым къыщIожри, сымаджэхэр егъэхъуж.
Шэсы - ТIуапс къалэм деж (шапсыгъ хыIуфэм).
Шхъарэ - Къэбэрдей-Балъкъэрым - щхьэдыкъуакъуэщ.
Iуащхьэмахуэ - Бахъсэныщхьэ (Къэбэрдей-Балъкъэрым) - щхьэдыкъуакъуэщ. Къэбэрдей лIыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэс 600 япэкIэ Темыр-ЩIакъуэ, Сэмэркандым я эмирыр, дзэшхуэ щIыгъуу Къэбэрдейм къиужьгъэри къуажэхэр яхъунщIэу щIадзащ. Къэбэрдеидзэр мащIэти, пэуву езауэ хъуртэкъым, ятеуэм – къыщIэпхъуэжурэ, Бахъсэн псыхъуэм дашэщ аби, Шэт-Iуащхьэ и лъапэм нэс яшащ. Псыхъуэр нэхъ зэв щыхъу щIыпIэм деж къэбэрдеидзэм зыкъыщагъазэри, Темыр-ЩIакъуэ и дзэм пэуващ. Бийр куэд хъу щхьэкIэ, абы щыщу зауапIэм къыIухьэфыр мащIэт, адыгэу Iухьэфым хуэдиз къудейт. Адыгэм ящыщ зыбжанэр, къуршым дэкIуейри мывэдзыр бийм къытрагъэлъалъэу хуейжьащ. Абы игъэшынэри Темыр-ЩIакъуэ и дзэр щIэпхъуэжащ. Къэбэрдеидзэм лIыгъэрэ IэмалкIэ текIуэныгъэр шэт-Iуащхьэ лъапэ къыщахьати, Шэт-Iуащхьэм Iуащхьэмахуэ фIащащ. «Iуащхьэмахуэ» жиIэмэ, «насып къэзышэ Iуащхьэ» къокI.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.