Псэхэхым хуагъадэт хьэтыжьыр

 Уэркъ хабзэ дахэмрэ лIыгъэ IэубыдыпIэншэмрэ зэкIужу зыхэзагъэ адыгэ зауэлIхэм я хъыбар телъыджэхэр дуней псом щызэIэпахыу щытащ. Дауи, ди лъэпкъыр мызэ-мытIэу зауэ губгъуэм щахуэзат гъуэтхэм, чынтхэм, алыджхэм, тыркудзэм, зи цIэр ямыщIэж нэгъуэщI лъэпкъыжьхэми, абыхэм жаIэжын я куэду я хэку екIуэлIэжырт. Апхуэдэущ къикIуэтрэ шынэрэ зымыщIа хьэтыжьхэм я хъыбарыр лъэпкъ куэдым я тхыдэм къызэрыхэнэжари. 

ЗэраIуэтэжымкIэ, адыгэхэм яIащ зауэлI телъыджэхэр, бийр куэдкIэ нэхъыбэми, абыхэм я псэр IукIыным хуэдэу ягъащтэрэ, гузэвэгъуэр тралъхьэу. Адрей лъэпкъхэм я зауэлIхэр губжьым пэIэщIэу, ар зэран къахуэхъуу жаIэу ягъэIущмэ, адыгэм Iэзэ дыдэу къигъэсэбэпырт губжь Iэлыр. ЗауэлI къызэщIэнам и губжьыр апхуэдизкIэ куэд хъурти, Iуфэм къелъауэ Iэхэлъахэр Iисраф зэтезыщIэ псыдзэм хуэдэу, къыпэщIэхуэр ирихырт, къызэтемыувыIэжыфу. 
Адыгэм и тхыдэм и кIыхьагъкIэ уриплъэмэ, зауэ-банэ хэмыту зы лIэщIыгъуи псэуакъым.  Псом нэхърэ нэхъ гуащIэжрэ нэхъ лъыгьажэу и нэгу щIэкIар Урысей пащтыхьыгъуэм зэрыпэщIэта илъэси 101-щ. Мис абы щыгъуэщ адыгэлIым и губжьыр къыщыхуэсэбэпари апхуэдизрэ лъэпкъыр лъэ быдэкIэ зыIыгъари. Ахэр апхуэдизкIэ гущIэгъуншэу, ерыщу бийм пэщIэтти, лъыщIэжу щыIэм я нэхъ гуащIэр зыхуигъэтIыгъуэ бийм пщIэ къыхуищIырт, игъэщIагъуэу иIуэтэжырт. Абы щыхьэт техъуэ тхыгъэ куэд къыхэнэжащ Урысейми, Европэми, КъуэкIыпIэми я тхыдэм. ЗыплъыхьакIуэхэмрэ дзэ тхыдэтххэмрэ яIуатэ пэтми псалъэ яхурикъуртэкъым адыгэхэм я хъыжьагъэр зыхуэдэр къагъэлъэгъуэну. 
ЗэрыжаIэмкIэ, адыгэлIхэр зауэ губгъуэм щитым деж дунеи ахърэти ямыщIэжу псори зыщагъэгъупщэфырти, бийм фIэкI плъапIэрэ гупсысэрэ ямыIэу зауэрт. 
Короленкэ П. и Iэдакъэ къыщIэкIа «Записки о черкесах» жыхуиIэ тхылъым итщ: «Псыжь адрыщI сыщыщыIэм си нэгу щIэкIащ адыгэлI цIэрыIуэхэм я зэуэкIэр. Ахэр зауэ губгъуэм зэрихьэу зэкIуэкIырт, зэи цIыху сэфэтым имыувэжыным хуэдэу». 
1863 гъэм мазаем и 28-м Псэкупс деж щекIуэкIа зэхэуэм теухуауэ есаул Вишневецкэм итхыжащ: «Ахэр (адыгэхэр) цIыху цIыкIутэкъым, атIэ псэхэхт, дызыхэтари зауэтэкъым - жыхьэнмэт!». 
Урыс-Кавказ зауэжьым хэта Добровольский-Евдокимов Г. адыгэхэм зэраIущIам теухуауэ жиIэжащ: «Апхуэдэ зыIыгъыкIэрэ зэуэкIэрэ зэи слъэгъуакъым! 1862 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м адыгэхэм ягъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ хуэдэ жаIэуи яIуатэуи срихьэлIакъым. Абыхэм мафIэр къапылъэлъым хуэдэт, уаIуплъэну шынагъуэт, уеблэмэ». 
Дауэ-тIэ, цIыхур апхуэдэ щытыкIэ зэриувэр, и цIыху сэфэтым зэрикIыр, шынагъуэ зэрыхъуу щытар? Гу лъытапхъэщ адыгэхэм зэи афияни фади зэрахьэлIэу зэрыщымытар. ЗэрыжаIэмкIэ, зауэ губгъуэ ихьа адыгэлIыр и щIыбагъ къыдэнамкIэ гупсысэртэкъым, адэ-ани, быни, щхьэгъуси, мылъкуи, гъащIи ищIэжыртэкъым. Ар ахъырнэфэсэм - гъажэмрэ ажалымрэ я зэпылъыпIэм – теувэрти, къикIуэти, шыни, гузави имыщIэжу зауэрт. Ар хуэхьэзырт ажалым, ауэ зыщIэбэныр псом нэхърэ нэхъыщхьэжу илъытэ Хуитыныгъэрати, и къару къихь къигъанэртэкъым, зыщысхьыжыртэкъым, абы къыдэкIуэуи, и псэр хэкIыным ипэ къихуэу бийм нэхъыбэ зэрыхиукIыкIыным яужь итт. Напэ къабзэкIэ адэжьхэм я пащхьэ ихьэжыныр и гъуазэт, лъэпкъым и щIыхьыр псэм нэхърэ игъэнэхъапэт. Апхуэдэ зауэлI хъыжьэхэм зэреджэр хьэтыжьт. 
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу