Нэхъ къарууфIэ мэхъу

«Армия-2023» дунейпсо дзэ-техникэ форумыр къыщызэ­Iуахым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар мы махуэхэм щокIуэкI Кубинкэ щыIэ Урысейм IэщэкIэ Зэ­щIэу­зэда и Къарухэм я «Патриот»  парк нэхъыщхьэм.

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир зэIущIэр къыщызэIуихым къы­хигъэ­щащ: «Урысейр хьэзырщ технологие, дзэ-техникэ я лъэны­къуэкIэ дя­пэкIэ нэхъ убгъуауэ адрей къэ­ралхэм ядэлэжьэну, зи лъэпкъ Iуэхур япэ изыгъэщхэм, зыужьы­ны­гъэм тегушхуауэ хуэкIуэхэм, сыт хуэдэ къэралми зэхуэдэу шынагъуэншагъэр къы­­щы­зэ­гъэпэщыныр зыгъэнэхъыщ­хьэ­­хэм гъусэ яхуэхъуну».
Гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ урысей IуэхущIапIэу зы минрэ ны­къуэрэ, абыхэм утыку кърахьэнущ дзэ Iуэхум къыщагъэсэбэп техникэу мин 28,5-рэ. Абы хохьэ лъэщагъ ин зиIэ дзэ машинэ-хэр, кхъухьлъатэхэр, вертолётхэр, къэ­зылъэтыхь аппаратхэр, нэгъуэщIхэри.
Зэхыхьэм нэгъуэщI къэралхэми ди хэкуми щыщу къыщы­зэхуэсахэм иджырей мардэхэр зи лъабжьэ дзэ техникэр зэра-лъагъум и мызакъуэу, щIэ­ныгъэ-практикэ конференцхэм хэтыну Iэмал яIэнущ, зэдэлэжьэнухэм зэгурыIуэныгъэхэр зэра­щIы­лIэфынущ.
Къапщтэмэ, апхуэдэ Iуэхуу 250-рэ щекIуэкIынущ форумым. КIуэ­кIуэ Казбек утыку кърахьахэм зыщигъэгъуэзащ, бронежилет, каскэ, дзэм къыщагъэсэбэп ­вакъэ, нэгъуджэ, БПЛА къыщIэ­зы­гъэкI предприятэхэм я уна­фэщI­хэм яхуэзащ икIи зэры­зэ­дэлэжьэнум и Iэмалхэр яубзыхуащ, абыхэм къыщIагъэкIхэр республикэм къищэхуу, дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди зауэлIхэм зэры­хурагъэшэнум тепсэлъыхьащ.
Iэтащхьэм къыхигъэщащ ди лъахэгъухэри апхуэдэ IуэхущIапIэхэм зэрыщылажьэр и гуапэ зэрыхъуар.
«Шэч хэмылъу, ди къэралым и зыхъумэжыныгъэ-промышлен-нэ къарум зэрызиужьыр гуапэ­пщохъу. Абы и фIыгъэкIэ дапэ­щIэ­ты­фынущ димыныбжьэгъу къэралхэм къытхуащI сыт хуэдэ лъакъуэпэщIэдзми,  ди цIыху­хэ­ри ихъумэфынущ, мамырыгъи зэтриублэфынущ», - жи­Iащ КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.