Спортыр узыншагъэм и лъабжьэщ

КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Республикэм щагъэлъэпIащ Физическэ щэнхабзэм и махуэр. Абы ехьэлIауэ екIуэкIащ «Спортым и хэку» урысейпсо марафоныр,  спорт­сменрэ  ар фIыуэ зылъагъухэу 300-м щIигъурэ зэхуэзышэсар.  
 
«Къэрэшей-Шэрджэсым щып­сэу­хэр, спортымрэ гъащIэ узыншэмрэ дихьэххэр щызэхуэсащ «Нарт» стадионым, къэралым и спорт махуэшхуэ нэхъыщхьэр ягъэлъэпIэну. Гуапэщ ди спортсменхэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр урысейпсо, дунейпсо  зэхьэзэхуэхэм зэрыщызыIэрагъэхьэр. Спортым зезытхэр, физическэ щэнхабзэр  зи гъащIэм и Iыхьэ зыщIхэр республикэм илъэс къэс нэхъыбэ щохъу», - щитхащ КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и Telegram-каналым.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ спортымрэ физическэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным Къэрэшей-Шэрджэсым гулъытэ хэха зэрыщыхуащIыр. Яухуэ иджы­рей мардэм къитIасэ спорт утыкухэр, физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексхэр, даIыгъ спортсменхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ.   
Спорт махуэшхуэр ирагъэкIуэкIыным теу­хуа Iуэхум зыщIагъэкъуащ КъШР-м  Мэкъу­мэш хозяйствэмкIэ, СпортымкIэ и министерствэхэм,  «Спортым и хэку» урысейпсо марафоным хыхьэу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.