ЗэIущIэ гуапэ

АДЫГЕЙ. Республикэм и Iэтащхьэ Къум­пIыл Мурат Адыгейм и Лъэпкъ музейм щаIущIащ дзэм къулыкъу щы­зыщIэхэм я анэхэмрэ я щхьэгъусэхэм-рэ. Кърагъэблэгъахэм иратащ «Адыгэ Республикэм и ЛIыхъужьхэм я щхьэ­гъу­сэхэр» сурэт альбомхэр. ЗэIущIэм щытеп­сэлъыхьащ дзэм къулыкъу щызы­щIэ­хэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным, жылагъуэ-хэкупсэ зэщIэ­хъе­еныгъэхэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхухэм.

Зи гугъу тщIы альбомыр ягъэхьэзырри къыдагъэкIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ. Абы хыхьащ республикэм и цIыхубз плIыщIым, мы зэманым дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм щыIэ я щхьэ­гъусэхэм я фащэ екIухэр ящыгъуу зытрагъэха сурэтхэр. Дэтхэнэ сурэтми щIыгъущ бзылъхугъэхэм  я щхьэгъусэхэм хуагъэхьа письмохэри.
КъумпIыл Мурат къыхигъэщащ апхуэдэ хэкупсэ Iуэхухэмрэ проектхэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр дэIыгъынымрэ жылагъуэр къуэтынымкIэ.
ЩIыналъэм гулъытэшхуэ щыхуащI мы зэманым Хэкум и щхьэхуитыныгъэр зы­хъумэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи защIигъэкъуэным. Мэкъуа-уэ­­гъуэм къыщыщIэдзауэ а лэжьыгъэр зэщIегъэуIуэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэ­рал фондым республикэм щиIэ къудамэм. НобэкIэ абы зыхуагъэзащ цIыху 400-м нэ­сым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.