ПсыщIагъ бгъуэнщIагъхэмрэ благъуэмрэ я хъыбарыр

Шэрэдж щIыналъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэщ, республикэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ абы и гъунап­къэ­хэр Куржыми Осетие Ищхъэрэ - Аланиеми пылъщ. Мыбы щыпсэум и Iыхьэ щанэр ­балъкъэрщ, адыгэхэм Iыхьэ щанитI яубыд.

Шэрэджыр бгылъэ щIыпIэщ. И лъагапIэ нэхъ инхэр ипщэмкIэ, куржы лъэныкъуэмкIэ, щыIэщ. Абдежращ здэщыIэр «Безенги  блын» жыхуаIэмрэ метр мини 5 я лъагагъыу Кав­казым щыIэ къуршиблым щыщу 5-мрэ. ЛъагапIэ нэхъыщхьэм зэреджэр «Дых­тау»-щ» (метр 5204-рэ мэхъу). Райо­ным и ип­щэ лъэныкъуэ псор мэзгъэфIэнхэм, мы­-лы­лъэхэм яубыдащ, псыежэх куэдми я ­щIэдзапIэр (Шэрэджыпсри яхэту) абдежщ.

Тхыдэм къыджиIэр

Монгол-тэтэрхэр къащытеуэм, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ Шэрэдж районым и бгы­хэмрэ аузхэмрэ я щхьэегъэзыпIэу щытащ. Абдежи лъэпкъ-къупщхьэ щыхъужащ. Ады­гэхэм къуршхэр XVI лIэщIыгъуэм ябгына­- мэ, балъкъэрхэр бгырысу къинат. XIX лIэ­щIыгъуэм ику пщIондэ мы щIыналъэр къэбэрдеипщхэм яIыгъащ, ауэ Кавказ ­зауэм иужькIэ Урысей пащтыхьыгъуэм гуа­гъэхьащ. Совет властыр увыхункIэ, Тэрч щIыналъэм хыхьэ Балъкъэр округу ар щытащ. Езы Шэрэдж районыр 1935 гъэм къэу­нэхуащ. 1944 гъэм Шэрэдж, Хуламо-Безенги  районхэр хыхьэу, Совет район къызэрагъэпэщауэ щытащ, ар Шэрэдж щыхъужар 1994 гъэрщ.
ЩIыпIэм и дахагъэрщ зыгъэпсэхуакIуэхэр абы къэзышэр. Аушыджэр псы хуабэхэр, Уштулу къыщыщIэж псы хущхъуэр, уэзды­гъей жыг лIэужьыгъуэхэм я мэзыр, Гуэл щхъуантIэхэр, Шэрэдж псыхъуэр - дэтхэнэри гулъытэ зыхуэщIыпхъэщ. Апхуэдэуи мыбы щыIэщ XII - XVI лIэщIыгъуэхэм яухуа чэщанэхэри, Хеу псы Iуфэм деж къырым къыщыхаIущIыкIа къулъшырыфри.

Шэрэдж псыхъуэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс хъу­гъуэфIыгъуэхэм ящыщщ Шэрэдж псы­хъуэр. Ар Налшык къалэм километр ­45-кIэ пэжыжьэщ. Абы укIуэн щхьэкIэ, Гуэл Щхъуан­тIэхэми ублэжын хуейщи, зып­лъы­хьакIуэ къашэхэм абдежи зыщрагъэп-лъыхь. Псыхъуэм километри 3 и кIыхьагъщ. ЦIыхуIэ зэмыIуса а щIыпIэм зыгъэпсэхуа-кIуэ куэд дехьэх. Ар зэрыщытым хуэдэу ­яхъумэн папщIэ, 1990 гъэм шыщхьэуIум и 1-м КъБАССР-м и Министрхэм я Советым къыдигъэкIа унафэ №189-м тету, щIыуэп­сым и хъугъуэфIыгъуэу къалъытауэ щытащ ­икIи а щIыпIэр нобэ и нэIэм щIэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс хъугъуэфIы­гъуэхэр зыхъумэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм. Абы и хьэлэмэтагъращи, къыр задэ-хэр зыщхьэщыт псыхъуэ зэвым псынэпс щIыIэхэр къыщыщIож.

Гуэлитхум я щэхур

Шэрэдж псыхъуэм дэт Гуэл щхъуантIэхэр къэрал псом щыцIэрыIуэщ. Ахэр я къэунэ­хукIэкIи я щытыкIэкIи зэмыщхьщ. Ипщэ гуэлхэр тIу мэхъу, абыхэм къакIэлъыкIуэхэм «Сухое», «Секретное» фIэщыгъэхэр иратащ, нэхъ цIэрыIуэ дыдэу абы яхэтыр Ищхъэрэ гуэлырщ. Япэ гуэлитIыр хъурейщ, ­метр 18-м нэс я кууагъыу аращ. Ищхъэрэ Гуэл щхъуантIэр хы щIыIум метр 902-кIэ нэхъ лъагэщ. Абы ит псыр нэхъыбэм уэшхымрэ уэсымрэ елъытащи, гъэм и пIалъэ зэхуэмыдэхэм и кууагъри ехъуэж. Илъэс псом гуэлым и хуабагъыр градуси 9-м нос, и кууагъыр метр 368-м (Хыхэр зыдж институтым иужьрейуэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм тепщIыхьмэ). КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, щIы щIагъым къыщIэж гуэл (карстовэ) нэхъ куу дыдэхэм ар ящыщщ, Хорватием я Crveno jezero гуэлым и ужькIэ. Гуэл щхъуантIэхэм я псым ап­хуэдизкIэ ущызэкIэщIоплъри, метр 22-кIэ упхоплъыф.
Абы и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ «Сухое» гуэлыр щыIэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ари изу щытащ, ауэ зэрыхуагъэфащэмкIэ, зэгуэрым бгыхэр хъейри, псыхъуэр щIы щIагъым къыщыхутащ, метри 177-рэ и кууагъыу ­кумбышхуэ къанэу. И лъащIэ дыдэм метри 5 и кууагъыу псы къинащ.
«Секретное» гуэлыр метр 300-кIэ пэ­жыжьэщ Ипщэм. Дунейр щыщIыIэм абы и щхьэр тощтыкI, ауэ гъэмахуэм хуабэр ­градус 18-м нос. Гуэлхэр псори сыткIэ зэщхь жы­пIэмэ, ар я плъыфэ узыIэпызышэрщ. ­Бжэндэхъу джэдыкIафэм (голубой) къы­щыщIэдзауэ щIыху-хужьыфэу тепщIып­щIыкIыу. ГуэлиплIым псэущхьэ лIэужьы­-гъуэ гуэрхэм ущрохьэлIэ, ауэ Ищхъэрэ гуэлым хэсыр псыдыуэ, елыркъэш, бэдж щхъухьзехьэ лъэпкъхэм ящыщщ. Зэзэмы- зи абы бдзэжьей къуэлэныр (форель) ­къыхохьэ, ауэ зыщиIэжьэркъым. Псэншэу къалъытэ Гуэл щхъуантIэхэм я щэхур нобэ­хэми щIэныгъэлIхэм къахуэхутэркъым.

IуэрыIуатэр тегъэщIапIэ тщIымэ

Гуэл щхъуантIэхэм ятеухуауэ хъыба­рыжьрэ таурыхъыу икъукIэ куэд дыдэ цIыхубэм кърахьэкI. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэ хъуам зэрыщыжыIамкIэ, пасэ ­зэманым мы щIыпIэхэм Батэрэз нарт лIы­хъужьыр щыпсэуащ. Благъуэм езауэу, ар щыхигъащIэм, псэущхьэ абрагъуэр щIым техуэу джалэри, абы и щIагъыр куууэ пхырыхуащ. Апхуэдэу Ищхъэрэ Гуэл ­щхъуантIэхэр къэунэхуащ, абы къыхих ­тхъуэбзащхъуэмэр благъуэм иджыри къыздэсым къыжьэдих бахъэрщ.
НэгъуэщI зы хъыбарым зи гугъу щащIыр пщы гуащэ дахэм и лъагъуныгъэрщ. Абы зы щауэ гуэр фIыуэ илъэгъуауэ пщащэм къе­хъуапсэ пщы бзаджэм къыщищIэм,­ ­щIалэр къырым къредзых. Хъыджэбзым а гуауэр хуэмыхьу, езыри щыхупIэм йолъэ. Абы щIигъэкIа нэпсхрауэ жаIэ щIэншэ гуэлым псыр из зыщIар.
Дауэ хъуами, зи гугъу тщIа гуэлхэр жьы дыдэщ, сыт хуэдиз я ныбжьми пыухы-кIауэ зыми жиIэфыркъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Ищхъэрэ гуэлым деж бгъуэнщIагъ иIащ. Абы къыхэж къуршыпсым къыхахы­жауэ щытащ пасэрей псэущхьэ жахэр. Языныкъуэхэм жаIэ илъэс мелуани 180-рэ абыхэм я ныбжьу.
ГъэщIэгъуэнращи, гуэлым псы ежэх хэлъа­дэркъым, итIани псым и кууагъым зэи зихъуэжыркъым. Езым сыхьэт къэс къыхэж псы кубометр 3240-р къыумылъы­тэххи. Зэ­рыхуагъэфащэмкIэ, псыщIагъ ­бгъуэн­­щIагъхэмкIэ абыхэм псы къахолъадэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.