Налшык я гуапэу щагъэлъагъуэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей, Ткаченкэ Андрей и цIэр зе­зыхьэм, шыщхьэуIум и 9-м щагъэ­лъэгъуащ гъуазджэмрэ щIэныгъэмкIэ Петровскэ академием хэта, «Эльбрусские новости» газетым и редактор нэхъыщхьэм и ­къуэдзэу щыта, псапащIэ, сурэт куэд зэхуэзыхьэса Хаджиев Даниял теухуа «Контражур» документальнэ фильмыр.

КъыжыIапхъэщ, Санкт-Петербург 2021 гъэм щекIуэкIа «Влюблённые в искусство» дунейпсо кинофестивалым «Контражур» фильмыр лауреат зэрыщыхъуар. ­Режиссёрыр дзэ репортёр, теле­журналист, кинодокументалист Богатырёв Ильясщ.
Фильмым лъабжьэ хуэхъуащ Хаджиев Даниял зэхуихьэса лэжьыгъэхэр зыщIэлъ, Тырныауз щаухуа Урысейм и бгыщхьэ галерее нэхъ ин дыдэр. Абы Урысеймрэ Белоруссиемрэ я художникхэм я сурэт, графикэ лэжьыгъэ миным щIигъу щIэлъщ. Режиссёрым зэрыжиIэмкIэ, филь­мым хигъэхьащ гъуазджэр зылъытэ дэтхэнэ зыри дэ­зыхьэхыну лэжьыгъэ къыхэ­щыпыкIахэр.
Хаджиев Даниял 2021 гъэм и гъатхэм дунейм ехыжащ. Коллекционерым лэжьыгъэ мин бжыгъэхэр зэхуихьэсащ ди щIыналъэм и мызакъуэу, къэралым и художник цIэрыIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIаи хэлъу. Хаджиевыр гъуазджэм дихьэхат Санкт-Петербург и Эрмита­жым электрикыу щыщылэжьа зэманым. А хьэпшыпхэр коллекцио­не­рыр щыпсэуа унэм щахъумэ. Ар зы­лъэгъуахэм жаIэ ахэр хэплъыхьа защIэу  зэрыщытыр.
А лэжьыгъэхэм щыщ мы зэманым щIэупщIэ иIэу щагъэлъагъуэ Налшык СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм.
Арщыдан Гуащэ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.