Шыдымрэ псыкъуиймрэ

Зыгуэрым и шыдыр псы­къуийм ихуауэ кърихыжы­фыр­тэкъыми, егупсысащ:
- Си шыдыр армырами жьы хъуащ, куэд къипсэужынуи къы­щIэкIынкъым. ШыдыщIэ къэсщэхун хуейщ армырами. Мы псыкъуийри игъуэжащ, итхъуэжауэ, щIэ къэтIын хуейщ. Уегупсысмэ, иджыпсту си Iуэ­хуитIри зэуэ зэфIэзгъэкIыфынущ: псыкъуийр истхъуэжынщ, апхуэдэ щIыкIэкIэ абы ихуа шыдри щIэслъхьэжынщ…
ЛIым и гъунэгъухэр щIыхьэху ищIри, псыкъуийм щIы ирадзэу хуежьащ. Шыдым зихъунщIэ щхьэкIэ, абыи мыхьэнэ ира­тыртэкъым. Ауэ куэдыщи дэ­мыкIыу шыдыр щым хъужащ. ЛIыр псыкъуийм еплъыхмэ, елъагъу: шыдым и щIыбым ирадзэ щIыгулъыр зытриутхыпщIыкIыжым, лъакъуэкIэ ­теувэурэ къыдэбэкъуейрт. ЩIыгулъыр из щащIым, шыдыр псыкъуийм тыншу къипкIыжащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.