Хэхэс адыгэхэм я щIэблэр ягъэгушхуэ

Хамэ къэралхэмрэ УФ-м и нэгъуэщI щIыналъэхэмрэ щып­сэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр мы гъэм илъэс епщIанэ хъуауэ гъэмахуэ мазищым Налшык щагъэхьэ-щIэ. А Iуэху дахэр къызэрагъэпэщ КъБР-м Лъэпкъ ­Iуэ­хухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэмрэ Ду­нейпсо Адыгэ Хасэмрэ. Ба­дзэуэгъуэм и 28-м щегъэжьауэ шыщхьэуIум и 4 пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­хьэщIащ Осетие-Ищхъэрэ-Аланием, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс Респуб­ликэм, Тыркум щыщ ди ­къуэш­хэм я бынхэр. Мы гъэм етIуанэу «Ди хэкуэгъухэм я ­лагерь-2023» проектым къыхагъэхьащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм къикIа цIы­кIухэри. 

Сабий 50-м щIигъу зыхэта лагерыр дахэу къызэIуахащ, нэгузыужьу ирагъэкIуэкIри, ди хьэ­щIэхэр арэзыуэ ирагъэжьэжащ. 
НыбжьыщIэхэм махуэ гукъи­нэжхэр щагъакIуэ лагерым и къалэн нэхъыщхьэр ди хэкуэ­гъухэмрэ ди лъэпкъэгъухэмрэ яхудиIэ пыщIэныгъэр гъэбы­дэ­нырщ, ди республикэм ис лъэпкъ­хэм я хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ егъэцIыхунырщ, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм щыщыIэ псэу­кIэмрэ зэхэтыкIэмрэ щыгъэ­гъуэзэнырщ. 
НыбжьыщIэхэм махуэ къэс щIэщыгъуэ гуэр ирагъэлъэ­гъун, хэкум и теплъэр дахэу ягу къинэн папщIэ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм программэ щхьэхуэ зэхелъхьэри, абы тету махуэхэр ягъакIуэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэ- мэ, ныбжьыщIэхэм гукъинэж ­ящыхъуащ Шэджэм псыкъелъэхэм зэрыщыIар, метр 30 зи лъагагъ псыкъелъэхэмрэ ахэр къызэхуэх къурш абра­гъуэхэмрэ ягъэщIэгъуащ цIы­кIу­хэм, икIи абы щыIэ хьэуа ­къабзэмкIэ загъэнщIауэ къэкIуэжащ. 
КъБР-м къакIуэ ини-цIыкIуи           я нэр къызыхуикIыр Iуащхьэмахуэщ. Лагерым щыIэ ныбжьы­щIэхэр абы куэдрэ пагъэплъакъым, зы махуэ Iуащхьэмахуэ лъапэм яшэри, Азау къы­щы­щIэдзауэ Гара-Баши нэс кIапсэ гъуэгукIэ дэкIуеящ. Къы­кIэ­лъы­кIуэ махуэм цIыкIухэр щы­Iащ Гуэл щхъуантIэхэм. Мы щIыпIэр ящыщщ зыплъы­хьа­кIуэхэм фIыуэ ялъагъухэм. Ар ягу дыхьащ ди хьэщIэ ныбжьыщIэхэми, сурэтхэр куэду зытрагъэхащ. 
Хабзэ зэрыхъуам тету, школакIуэхэр Лъэпкъ музейм ­ирагъэблагъэри, ирагъэплъащ иджыпсту абы щагъэлъа­гъуэхэм, апхуэдэуи лъэпкъ ­фащэм и зэхэлъыкIэм щагъэгъуэзащ. КъищынэмыщIауэ, музейм и унафэщI Накуэ ­Фе­ликс шэрджэсхэм къагъэсэбэпу щыта Iэщэхэмрэ ­къамэхэмрэ зэрагъабзэр яригъэлъэгъуащ. Сэралъп Мади-нэ и уардэунэм гъэщIэгъуэн куэд щалъэгъуащ икIи щызэ­рагъэщIащ адыгэ сабийхэми ДНР-м къикIахэми. Уеблэмэ адыгэ къафэмкIэ дерсхэр драгъэкIуэкIати, къафэм и хабзэхэм зыщагъэгъуэзащ. Ди ­зыгъэпсэхупIэхэм я курыхыу ­къалъытэ Налшык къалэ зыщаплъыхьащ школакIуэхэм.
Лагерым щыIэ щIалэхэми пщащэхэми хуабжьу ягу ирихьащ шыкIэ къэжыхьыныр: ахэр «Малкэ» шы заводым яшащ. 
- Мыпхуэдэ лагерхэр илъэс къэс къызэдгъэпэщу щытми, къакIуэ сабийхэр япэу ди ­лъа­-
хэм къихьэу аращи, ялъагъу псори яфIэгъэщIэгъуэнщ. Дэ сытым дежи иужь дитщ ди лъэпкъым и тхыдэр, щыIэкIэ-псэукIэр, шыфэлIыфэр, хабзэ дахэр къызэращIэн теплъэ­гъуэхэр, зэIущIэхэр, дерсхэр къызэдгъэпэщыным. Ныбжьы­щIэхэм ягу нэхъ дыхьэу къэт­лъытэхэм дыкъытоувыIэ. Ди деж къеблагъэхэм яхэтщ бзэр зыщIэхэри, зымыщIэхэри, мащIэу фIэкIа мыпсэлъэфхэри. Ауэ щIалэгъуэ пIалъэмрэ хэ-кум и IэфIагъымрэ а цIыкIу- хэм я зыгъэпсэхугъуэр дахэ, ­гукъинэж зэрищIым сэ шэч къытесхьэркъым. Къищы­нэ­мы­­щIауэ, хэкум зэ щыIам ар зи щIысымрэ абы щекIуэкI гъащIэмрэ зэи щыгъупщэнукъым. Си гугъэщ ахэр щыпсэу щIы­пIэхэм бзэр нэхъ щызэрагъэ­щIэну, мыбыкIэ я гур щыIэу щытыну. 
Ди дежкIэ нэхъыщхьэр хамэ хэку къыщалъхуа адыгэ са-бийм и гум адыгагъэр къыщыгъэушынырщ, хэкум пыщIэ­ныгъэ хуиIэу къэгъэхъунырщ, абы  и   IэфIыр   зыхегъэ­щIэ­нырщ. Мы проектыр зэред­гъажьэрэ илъэсипщI мэхъури, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ министерствэм­рэ дызэдола­жьэ, цIыкIухэр къы­зэрыт­шыну хэгъэгухэмрэ къэралхэмрэ ­запыдощIэри, къэкIуэну зи нэ къикIхэр зэ­хуашэс. АбыкIэ сэбэп мэхъу а щIыпIэхэм щы­лажьэ Хасэ ­къу­дамэхэри. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым икIыжа цIыкIухэм я ­гукъыдэжыр, абы­хэм адэкIэ я гъащIэр зэре­кIуэ­кIыр, хэкупсэ, адыгэгу яIэ ­хъуауэ я ныбжь­эгъухэм зэры­хыхьэжыр ­къэп­лъытэмэ, проектым мы­хьэнэ ин зэриIэр, сэ­бэ­пынагъ къызэрыпэкIуэр нэры­лъагъу пщохъу, - жиIащ ми­нистр КIу­рашын Анзор. 
Къапщтэмэ, дэнэ щIыпIэ ­къикIа цIыкIухэри ныбжьэгъу зэхуэхъуауэ гуапэу зэхэтщ, нэшхуэгушхуэу махуэ гукъи­нэжхэр ди лъахэм щагъакIуэ. Абыхэм ягу дохьэ бысымхэм зэрагъэхьэщIэр, лъэпкъ шхы­ныгъуэ IэфIхэр зэрырагъэш­хыр, зэи ямылъэгъуа щIыпIэ дахэхэм зэрашэр. 
Налшык къалэм дэт «Син­дикэ» хьэщIэщрат цIыкIухэр щыпсэуари, иужьрей махуэм абы пшыхь къыщыхузэрагъэ­пэщащ. КъБР-м зыщызыгъэп­сэхуа цIыкIухэми абыхэм я ­гъуса балигъхэми ехъуэхъуащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жы­лагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзоррэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэ­хъурокъуэ Хьэутийрэ. 
- Лагерым фызэрыщыIа пIалъэм флъэгъуахэм нэмыщI, фэ ныбжьэгъущIэхэр зэвгъэ­гъуэтащ, ныбжьэгъугъэр зи щIы­сыр, абы пщIэ хуэщIын зэрыхуейр зэрызэвгъэщIам шэч къытесхьэркъым. Хуабжьу согугъэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым фызэрыщыIар куэдрэ ­фигу илъыну, дахэкIэ фигу ­къэ­кIыжыну. Фэрэ дэрэ ди къалэнщ лъэпкъкIэ, динкIэ зэщ­хьэщыкI дэ зэгъунэгъухэм ди зэхуаку зэхущытыкIэфI дэлъы­ным дытелэжьэну, зэкъуэш- хэр нэхъ гъунэгъуу дызэрыIыгъыну, - жиIащ Сэхъурокъуэм. 
ИкIи я хэкужьым къыхуаIэ пыщIэныгъэр дяпэкIэ зэи ­ямыгъэкIуэдыну, бзэр зы­щамыгъэгъупщэну, адыгэ тхы­дэмрэ щэнхабзэмрэ яджыну къыхуриджащ тхьэмадэм адыгэ щIэблэр. 
Тыркум къикIа ныбжьы­щIэ­хэм я пашэ, Тырку Республи-кэм щылажьэ Шэрджэс хасэ­хэм я зэгухьэныгъэм хэт Къанкъуэщ Ферихьэрэ мэздэгу адыгэхэм я пашэ Уэркъ Джульеттэрэ лагерыр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ хуащIащ, дэтхэнэ махуэри гуимыхужу зэрекIуэкIар жаIащ, цIыкIухэм я гурыфIыгъуэм кIэ зэримы-             Iэр къыхагъэщащ. «Мыр хамэ къэрал зыгъэпсэхуакIуэ дыкъэкIуа хуэдэукъым къызэ­рыт­лъытэр, атIэ ди хэкужь, ди пщIан­тIэжь, ди унэжь дыкъэ­кIуэжа хуэдэущ», - дыщIигъуащ Ферихьэ. 
ХьэщIэхэм гуIэфIтещIэжу къы­хузэрагъэпэща концертым хэтащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр, ­КъБР-м и Музыкэ театрым и ­солистхэу ХьэхъупащIэ Амырхъан, Хьэкъул Оксанэ, Жубоев Жамболэт, Тхьэзэплъ Залинэ сымэ. Ар иригъэкIуэкIащ ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ. 

*   *   *

«Хэкужьым зыгъэпсэхуа­кIуэ нэкIуа ди щIэблэм дэрэ­жэгъуэр я куэду, адэжь лъахэм игъэгушхуауэ, насыпыфIэу къэ­кIуэжахэщ. Ди сабийхэр тыншу, гухэхъуэу лъахэм щы­- Iэ­нымкIэ сэбэп хъуа дэтхэнэ  зыми фIыщIэ ин яхузощI сэри адэ-анэхэми къыдбгъэдэкIыу, - къетх Ставрополь щыIэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и тхьэма-дэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ­Хасащхьэм хэт Шыбзыхъуэ Юрий. - ТхьэмахуэкIэ адэжь ­лъахэм зыщаплъыхьащ, ар зрагъэцIыхуащ ныбжьыщIэ-хэм. 
Ставрополь крайм щыщу цIы­хуипщI нэдгъэкIуати, щIы­уэп­сри, щIыпIэхэри, щэнхабзэри, къафэри, макъамэри, ­музейхэри, лъэщапIэхэри, зы­хуэза цIыху цIэрыIуэхэри яхуэ­мыIуэтэжу къэкIуэжащ. Псом нэхъыщхьэр зэлъэпкъэгъу              цIы­кIухэр я бзэкIэ зэпсэлъэ-ныр, ныбжьэгъу зэхуэхъунрати, ари къайхъулIауэ къызолъытэ къы­зэгъэпэщакIуэхэм. КъБР-м и Правительствэми, лъэпкъ             Iуэ­хухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министрми, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэми дахуэарэзыщ, апхуэдэ Iуэху дахэхэр куэдрэ Тхьэм къади­гъэхъу».

Тхыгъэри сурэтри зейр НэщIэпыджэ  Замирэщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.