Ди лъэпкъым теухуауэ Европэм къыщапсэлъхэр

Адыгэ лъэпкъыр дымащIэщ жытIэу дыгузавэми, хэкум исырщ мащIэр. Адыгэу щыIэм и процент 96-р дунейм текъухьауэ, хэхэсу я гъащIэр яхь. Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм хэ-кум ирахуахэм я щIэблэм къи­нэ­мыщIауэ, лэжьыгъэ, щIэныгъэ IуэхукIэ иIэпхъукIахэри мащIэкъым. Арами, анэдэлъхубзэр яIурылъу, хэкум щагъуэта гъэсэныгъэм тету, хабзэмрэ щэнымрэ ямыгъэгъуащэу, зыхыхьахэм яхэмышыпсыхьу къогъуэгурыкIуэ ди лъэпкъэгъухэр. Апхуэдэщ нобэ ди псэлъэгъу, Италием и Салернэ къа-лэм дэс Мэлей (Уэрдокъуэ) Жаннэ. 
Италие тхакIуэ, щIэныгъэлI Вечче Карлэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Катеринэ     и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» рома­ным траухуа зэIущIэм хэта, Италием щыпсэу адыгэхэм дащытетхыхьым нэIуасэ къытхуэхъуа бзылъхугъэ гуа­пэр нэхъ ­гъунэгъуу зэдгъэ­цIыхумэ, Европэм щыпсэу ди лъэп­­къэгъухэм я дунейм дыхэплъэмэ ди гуапэу ды­лъыгъуэзэжащ Жаннэ. 
ЩIыпIэ жыжьэхэм адыгэхэр дыкъы­зэрацIыхум, ттеухуауэ абыхэм я тхыдэм къыхэнэжам, хэкум пэжыжьэ ди лъэп­къэгъухэр хабзэм тету зэ­рыпсэум и ­гугъу тщIащ Жаннэрэ сэрэ. Пэжыр жыс­Iэнщи, дызытепсэлъы­хьыр сфIэмащIэу, зэхэсхыр си щIэ­щыгъуэу дыуэршэращ. Нэхъыщхьэ­ращи, адыгэм и тхыдэм мыIейуэ сыщыгъуазэу къыс­щыхъужми, и кIапэр къэсIэта къудейуэ къыщIэкIащ, Жаннэ жиIэм тепщIыхьмэ. 
Псори зэкIэлъыкIуэу атIэ…

- Дэ Черкесск къалэм дикIри, Ита­лием дыIэпхъуащ. Мэлейхэ сащыщщ, ­Уэрдокъуэхэ сранысэщ. Сыбеслъэнейщ. Мичуринскэ технологие техникумыр къэзухащ.
- Адыгэ куэд щыIэ Италием, Жаннэ? ФызэрыцIыхурэ псори, фызэрыIыгъ, фызэкIэлъыкIуэрэ?
- Италием щыIэ адыгэхэм я нэхъыбэр Тыркум къиIэпхъукIа, Урыс-Кавказ ­зауэжь лъэхъэнэм Адыгэ Хэкур зрагъэб­гына хэхэсхэм я щIэблэщ. Ауэ щыIэщ иджы дыдэ лэжьыгъэ IуэхукIэ къэIэп­хъуахэри. Салернэ унагъуэ зыбжанэ щыIэщи, дауи, дызэкIэлъокIуэ, дызэ­рыIыгъщ. Иджыблагъэ зэхэсхат Неа­поль Адыгэ Республикэм щыщ унагъуэ щып­сэууи, абыхэм я хэщIапIэр къэс­щIащ. Си гугъэщ сыкIуэу зэзгъэцIы­хуну. Хамэ щIыпIэ ущыщыIэм деж уи бзэкIэ псалъэ, уи лъэпкъэгъу абы ущ­рихьэлIамэ, уи хэкум укъыщыхутэжам хуэдэу ущогуфIыкI. 
- Хамэм уащыхэскIэ, абыхэм я хьэл-щэн гуэр къэпщтауэ къыщIэкIынщ. 
- Дунейм лъэпкъыу тетым езым я бзэрэ я щэнхабзэрэ яIэжщ. Абы теу­хуауэ ЩIыр щхъуэкIэплъыкIэу жыпIэ ­хъунущ, апхуэдизкIэ зэхуэмыдэщи. ­Ауэ дэ, адыгэм, ди бзэр нэхъыжь дыдэу ­дунейм тетхэм ящыщ зыщ, псом нэхъ- рэ мынэхъыжьу щытмэ. Ди хабзэращи, нартхэм я лъэхъэнэм къэунэхуа, цIыхум и щыIэкIэ-псэукIэм Iущыгъэу къыхи­къузыкIар щызэхуэхьэса хабзэщ. Аращи, ар IэщIыб пщIыуэ, зыгуэрым ухуеп­лъэкIыныр сфIэтэмэмкъым. Мыбы щыпсэухэм а ди хабзэр къыддалъагъу, гъэщIэгъуэн дыдэ ящохъу. Аращ дэ адыгэ дызыщIыжыр. Псалъэм папщIэ, махуэку къэс жьэрымэ согъэури, си адэм къыхузохьэкI. Лэкъумыр зымы­цIыху европейхэр къыщыщIэупщIэм ягурызгъэIуащ: хъурейр лIам хуа­гъажьэри къыхурахьэкI, зэпэплIимэр унагъуэм яшхыну ягъажьэ. Ар IэфIми шыугъэми докIу, щIакхъуэм ипIэкIэ яшх. Ар сытым хуэдэу ящIэщыгъуэт абыхэм! Ди нэхъыжьхэм жаIэжу зэхэсхаращ, Анфисэ… Пасэм, адыгэлIхэр зекIуэ щыкIуэкIэ, лэкъумыр тхъуэплъ гъур хъуху ягъажьэрт. Апхуэдэ щIыкIэ-кIэ ягъэжьар куэдрэ щылът зэмы­кIуэкIыу, гъурыр щылъыху щабэ ­хъужырти, гъуэгу гъуэмылэ хъарзынэ яхуэхъурт. 
- Абыхэм щIэбгъэдэIу европейхэр ди тхы­дэм, щэнхабзэм къыщIэупщIэ ­хъунщ.
- КъызэрыгуэкI цIыхухэр къыщIоупщIэ. ЩIэныгъэм, тхыдэм, литературэм я лэжьакIуэ сызрихьэлIахэм ­язы­ныкъуэ ди лъэпкъэгъухэм адыгэм теухуауэ ящIэм нэхърэ нэхъыбэ ящIэ! 
- Ар дауэ?!
- ЗэрыпщIэщи, европей зыплъы­хьа­кIуэхэр Адыгэ Хэкум, Черкессия жы­хуэтIэжым, кIэщI-кIэщIурэ къакIуэу, ­ абы тетхыхьу щытащ. Къищынэмы­щIауэ, хы ФIыцIэм и Iуфэр сондэджэрхэм я зекIуапIэу, Азиеми, Африкэми, Европэми я лIыкIуэхэр щызэхуэзэу апхуэдэт. Мис а лъэхъэнэм адыгэм ­теухуауэ ятхар Европэм и тхылъ, дэф-тэр хъумапIэхэм щIэлъщ, щIэныгъэлI­хэм ахэр ядж, къаIэтыж. Дэ а лъэхъэ-нэм тхыбзэ диIатэкъыми, зыри къытхуэнэжакъым, IуэрыIуатэ мыхъумэ. Мыбыхэм щыхьэт тхылъхэр яIэщ. Псалъэм папщIэ, нэIуасэ къысхуэхъуат зи анэр зэрыадыгэм шэч лъэпкъ къызыт­рамыхьэж да Винчи Леонардэ тетхы­хьа Вечче Карлэ. Абы адыгэм и щэнхаб-зэм, тхыдэм, щыIэкIэ-псэукIэм, хьэлым теухуауэ апхуэдизкIэ куэд ещIэри, си щIыфэр мэтхых, абыхэм щытеп­сэ­лъыхькIэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, Леонардэ и щэхухэр зритхэу щыта тхылъыр иIы­гъащ, еджащ. ИкIи да Винчи и анэм ­теухуауэ гукъэкIыжу итхам щыгъуазэ сыщищIащ. А бзылъхугъэр щхьэхуиту Кавказым щыпсэуащ, жи, и адэр   уэркът. Ар ядыгъуу Италием яша нэужь ­Катеринэ фIащат, ауэ езым и цIэр Уафэнэт. Абы и нитIыр уафэм хуэдэу ­къащхъуэти, арат апхуэдэу щIыфIащар… Гу зэрылъыстащи, игъащIэ лъандэрэ адыгэм яхэсу къэгъуэгурыкIуам хуэдэу матхэ Вечче Карлэ. Ауэ ар зэи Кавказым щыIакъым! АтIэ, дэнэ ­кърихрэ апхуэдизу фIэщ щIыгъуафIэу къритхэкI адыгэ дунейм и теплъэр? ­Дауи, зыщIыпIэ къриджыкIауэ аращ. 
- Курыт лIэщIыгъуэхэм къыттетхыхьа европей зыплъыхьакIуэхэм къызэранэкIам и закъуэ мыхъуу, адыгэм и тхыдэжьым, ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIа лъэпкъыжьхэми щы­гъуазэу къыщIэкIынщ ар?!
- Абы теухуауэ нэхъ гъэщIэгъуэныж бжесIэнщ! Сэ сцIыху италие щIэныгъэлIхэм быдэу я фIэщ мэхъу Европэм лъэпкъыу исыр пасэрей зэманым ­Кавказым щыпсэуа лъэпкъыжьым къы­зэрытехъукIар. ЩIыфэ хужьхэр псори кавказ цIыху лъэпкъым хабжэ. Циви­лизацэр къыщыунэхуари, цIыхур но­бэрей сэфэтым иту къыщигъэщIари     хы ФIыцIэм и кавказ Iуфэрауэ жаIэ.           Ар щIэныгъэм къитIэщIа, генетикэ къэ­хутэныгъэхэр щыхьэт зытехъуэ Iуэхущ. КъызэрыслъытэмкIэ, IуэрыIуатэм къаруушхуэ щIэлъщ. Тхыбзэ димыIами, хъыбарыжьхэр зэIэпытхыурэ нобэм къэтхьэсащ ди тхыдэжьыр. Ар къапщтэмэ, нарт IуэрыIуатэм дигъэцIыху лIыхъужьхэмрэ абыхэм ягъэхъа Iуэху­гъуэхэмрэ алыджхэм, урымхэм, пасэ­рей мысырхэм я хъыбарыжьхэмрэ зэ­тохуэ. ЖысIам къикIыркъым абыхэм я IуэрыIуатэр дыдейм тращIыкIауэ. Абы къикIыр зыщ - дызытепсэлъыхь лъэп­къыжьхэм я нэгу щIэкIар зы Iуэхугъуэщ, щыпсэуари зы щIыпIэщ. ИужьыIуэкIэ, Кавказым иIэпхъукIыу, дунейм зытрагуэша нэужь, я бзэмрэ хабзэмрэ зэ­хъуэкIыныгъэ ягъуэтащ, къуэпс-къуэпсу зэкъуэжри. Иджы еплъыт… Цивилизацэм зыщиужьа, пасэрейхэр зэрыпсалъэу щыта бзэр къыщыунэхуа щIы-      пIэм къина дэ, адыгэу дызэджэу, а па­сэреибзэмрэ хабзэмрэ тхъумэу дыкъыщигъэщIам дыкъинэжащ. Кавказым иIэпхъукIахэм захъуэжащ. Аращ абы хэлъыр, сызэреплъымкIэ. 
- БдызоIыгъ а Iуэху еплъыкIэр. Генетикэр абы щыхьэт зэрытехъуэм теухуа тхыгъэ куэд сэри седжащ. Лъым и зэхэлъыкIэм зыри пхуещIэнукъым.
- Пэжщ. Абы тепсэлъыхьхэм, мы Iуэху еплъыкIэм и телъхьэхэм жаIэр ямы- дэу, къамыщтэу, уеблэмэ ар делагъэу къалъытэу щыIэщ зыгуэрхэри. Абы-      хэм адыгэм зимыщIэжыным, и тхыдэр къимытIэщIыным я фейдэ хэлъщи аращ щIытIэщIаудыр. Ауэ, ди лъэпкъым и тхыдэр хъумапIэхэм щыщIэлъкIэ, щIэныгъэр щыхьэт щытехъуэжкIэ, абы ущIытеукIытыхьыни ущIэшынэни ­хэлъ­къым. Мыбдеж, Европэм и курыкупсым, абыхэм хуиту дыщытопсэ­лъыхьри, зыгуэрым емыкIу дищIыну игу къэкIыххэркъым. 
- ЩIэщыгъуэ куэд зэхэзбгъэхащ, Жаннэ. ЗыгуэркIи си гур къызэры­гъуэтыжауэ жыпIэ хъунущ. ФIыщIэ пхуэс­щIыну сыхуейт. ДэнэкIэ укъы­щыщIимыдзами, уи Iуэху дэкIыу, уи гъуэгур зэIухауэ упсэуну ди гуапэщ.
- Упсэу! «Адыгэ псалъэ» газетым гулъытэ къызэрысхуищIар си гуапэщ. Адыгэхэр Европэм дызэрыщыпсэумкIэ къыщIэддзэу тхыдэ жыжьэм дыхыхьэжами, емыкIу сыкъыумыщI. Ар жысIэн си куэдщи аращ…

Епсэлъар Фырэ  Анфисэщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.