КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «щIыналъэ сыхьэт» зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, вице-премьерхэу Къуныжь МуIэедрэ Хъубий Маратрэ, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
- Иджыпсту Iуэху нэхъыщхьэу диIэр лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ гъэзэщIэнырщ. БлэкIа мазиблым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ къэралым и хэгъэгухэм я деж ещанэ увыпIэр щытIыгъщ. И кIэм нэдгъэс лэжьыгъэхэм ящыщщ щIыналъэ гъуэгухэр щIыныр, курыт школхэм я спорт пэшхэр зэгъэпэщыжыныр. Къапщтэмэ, еджапIэхэр зыхуей хуэгъэзэжынымкIэ лэжьыгъэхэр зэраубзыхуам тету йокIуэкI, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ 40 зэрызэрагъэпэщыжми зэпымыууэ дыкIэлъоплъ, - жиIащ Мусуков Алий.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ дунейр егъэлеяуэ хуабэ зэрыхъуам къыхэкIыу жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ щыIэ щытыкIэми. «Псыуэ къагъэсэбэпыр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ. Абы епха коммунальнэ IэнатIэ псори я къару къызэрихькIэ мэлажьэ. «Кыщпэк» псы хъумапIэр зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу къагъэщIэрэщIэжыным, абы и лъэщагъым проценти 10 - 15-кIэ хэгъэхъуэным хуэунэтIа хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
ШыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ бюджет лэжьакIуэхэм я улахуэм хэхъуэным теухуауэ къащта унафэм къару иIэ зэрыхъуам, ар зэрагъэзэщIэнум, абы къызэщIиубыдэну IэнатIэхэм я гугъу ящIащ.
Республикэм и Iэтащхьэм гъэ еджэгъуэщIэм зыхуэгъэхьэзырыным теухуауэ нэхъапэкIэ пщэрылъ ищIахэм ятеухуауэ зэфIагъэкIа Iуэхухэми щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. Апхуэдэу ди щIыналъэм и нэ зытет Херсон областым и курыт школ 20-м папщIэ зыхуэныкъуэ хьэпшып-хэр зэхуахьэсащ - Скадовскэ, Голопристанскэ округхэм я администрацэхэм я лъэIукIэ абыхэм хурагъэшэнущ портфель 760-рэ, еджэнымкIэ зыхуеину нэгъуэщIхэри дэлъу. КъищынэмыщIауэ, школхэм ящыщ зым и медицинэ пэшыр IэмэпсымэкIэ къызэрагъэпэщынущ, художественнэ литературэу тхылъ 1000, учебникхэр, шахмат, шашкэ зэрыджэгун комплекти 100 Iэрагъэхьэнущ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI ди республикэми. Щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ щытыкIэ хьэлъэ къихута, къэралым, жылагъуэм я дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ унагъуэхэми зэрахузэфIэкIкIэ зыщIагъэкъуэнущ.
Гулъытэ хуащI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэми. «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм къыIэрыхьэ лъэIухэм ятеухуауэ апхуэдэ унагъуэхэм я сабийхэм зыхуейхэр хуащIэнущ.
ЗэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ Казбек къалэ, район администрацэхэм я унафэщIхэм пщэрылъ ящищIащ гъэ еджэгъуэщIэм зыхуэгъэхьэзырыным теухуа Iуэху псори ткIийуэ я нэIэм щIагъэтыну.