КъэкIуэнум хуэлажьэу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным икIи иджырей мардэхэм тету зэгъэпэщыным хуэунэтIа хэгъэгупсо программэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну иджыблагъэ Тэрч щIыналъэм щыIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор.

Тэрч щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбий и гъусэу министрыр щыIащ Урожайнэ (Абейкъуажэ), Терекскэ (Болэтей), Хьэмидей (ХьэпцIей), Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей), Акъбащ Ипщэ (Астемырей) къуажэхэм. Абы къищынэмыщIауэ, Езауэ Анзоррэ Хъущт Аслъэнбийрэ щыIащ Тэрч къалэм дащIыхь, цIыху 820-рэ зыщIэхуэну еджапIэщIэр щаухуэ щIыпIэми. КъулыкъущIэхэм зрагъэлъэгъуащ курыт еджапIэхэм ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIыр, зыщагъэгъуэзащ абыхэм я фIагъымрэ зэфIэкIа хъуа Iуэхугъуэхэмрэ.
Зи цIэ къитIуа къуажэхэм я еджапIэхэм мы лъэхъэнэм нэхъыбэу щекIуэкIыр зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэращ. Курыт еджапIэхэм, куэд лъандэрэ зэрызэрамыхьам къыхэкIыу, лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. ЕджапIэхэм я кIуэцIри, я щIыбри, я IуплъапIэхэри, щIыбагъ пщIантIэхэри къагъэщIэрэщIэж, пэшхэр зэрахьэ, бжэ-щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкI.
Терекскэ икIи Урожайнэ дэт еджапIэхэм а лэжьыгъэхэр и кIэм щынэблэгъащ, ухуэныгъэ хуэIухуэщIэхэм ящыщу гъэзэщIэн хуейуэ къэнар процентитху нэхърэ нэхъ мащIэщ.
Курп Ищхъэрэм и еджапIэм министерствэм ирищIылIа зэгурыIуэныгъэм тету лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI, мы далэм къриубыдэу IуэхущIапIэм и унащхьэр зэрахъуэкIащ, уэздыгъэ кIапсэхэр зэбграшащ, блынджабэхэр зэIузэпэщ ящIыжащ, пэш кIуэцIхэр къызэрагъэплъ бжьамийхэр щIашащ.
Хьэмидей къуажэм дэт еджапIэм кIуэцI блынхэр щIэрыщIэу яижащ, унащхьэмрэ бжэ-щхьэгъубжэхэмрэ зэрахъуэкIащ, языныкъуэ пэшхэр тIу иращIыкIащ.
Акъбащ Ипщэ курыт еджапIэм хэлъ, кхъахэ хъуа щхьэгъубжи 167-рэ зэрахъуэкIащ, мы лъэхъэнэм пхъащхьэр ирашэлIауэ унащхьэр зэрытралъхьэным иужь итщ.
Езауэ Анзор къызэрыхигъэщамкIэ, щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэм унафэщIхэм я нэIэ зэрытетыр наIуэщ, ухуакIуэхэм я къалэныр и чэзум зэрагъэзэщIэнури ялъэгъуам нэрылъагъу къащещI. «ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм дэ мызэ-мытIэу щыжытIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIыр. Ахэр я фIагъкIэ зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ зэрыщытыным дыхущIокъу. ДыхущIэкъум къыщымынэу, ухуэныгъэхэр зэрекIуэкI щIыкIэм цIыхухэр зэпымычу щыгъуазэ дощI. Къыхэгъэщын хуейщ щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм я пашэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ, еджапIэщIэхэм щIэтIысхьэжыну сабийхэм я адэ-анэхэм я нэIэ къызэрыттетри. Апхуэдэу дызэрызэдэлажьэм ифI къыдэкIащ – нэгъабэ жылагъуэ зыбжанэм еджапIэщIэхэр дэтщIыхьу гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу дутIыпщын тхузэфIэкIащ. Iэмалыншэу жыIэн хуейщ еджапIэщIэхэр иджырей ухуэныгъэ мардэхэм тету зэращIыр, сабийхэм зыщагъэпсэхуну, щеджэну пэш Iэхуитлъэхуитхэр зэрыхащIыхьыр. ЕджапIэщIэхэр щIыным нэхърэ мынэхъ мащIэу дыхущIокъу щыIэхэр зэгъэпэщыжыным, зыхуей хуэдгъэзэным. Зэрытлъагъущи, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм къызэщIаубыдэ еджапIэхэм я щхьэхэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэхъуэкIыныр, пэшхэм я лъэгу щар къихауэ щIэ идзыжыныр, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэжыныр, унэ кIуэцI блынхэр зехьэныр. Тэрч щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэм арэзы сыкъещI, программэр зэщIа хъуным пэрыуэгъу зыри къыхэкIыркъым. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым: къетхьэлIэ лэжьыгъэ псори зыхуэгъэпсар къытщIэхъуэ щIэблэращ, ахэращ зифI зетхуэр. ЩIэблэм игъуэтыну щIэныгъэр къэкIуэну лъэхъэнэхэм курыхыу хуэгъэзауэ зэрыщытыр къэплъытэмэ, иджыпсту щыщIэдзауэ а щIэныгъэр гупсэхуу щызрагъэгъуэт щIыпIэхэр къахузэдгъэпэщын хуейщ», – къыхигъэщащ министрым.
 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.