Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм Налшык къалэм ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» акцэм икIи хуэныкъуэхэм папщIэ лъы литри 10-м щIигъу ятащ. 

ЩIыналъэ Управленэм и дзэ къулыкъущIэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ илъэс къэс хэтщ апхуэдэ Iуэхухэм. 
- Къыхэзгъэщыну сыхуейт цIыху куэд кърихьэлIэу едгъэкIуэкI акцэм IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ къыхыхьэм и мызакъуэу, щхьэхуэури къокIуэри, ди лъы гъэтIылъыгъэхэм хэдгъэхъуэнымкIэ зыкъытщIагъакъуэ, - жиIащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм лъы щыхаш и республикэ станцым и къудамэм и унафэщI АфIэунэ Майе. 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.