Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Ар теухуат Плановскэ (Ботэщей) къуажэм къыщалъхуа, Хэку зауэшхуэм хэта Уэрсей Бытыр ХьэтIытIэ и къуэм и унагъуэм СССР-м и къэрал дамыгъэ лъапIэр - «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалыр - зэрыратыжам.
Абы кърагъэблэгъат лIыхъужьым и къуэмрэ и къуэрылъхумрэ, Уэрсей лъэпкъым, Плановскэ къуажэм и администрацэм, районым и дзэ комиссариатым, Тэрч щIыналъэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ я лIыкIуэхэр.
Уэрсей Бытыр 115-нэ шуудзэм и 278-нэ полкым хэту Сталинград зыхъумахэм ящыщщ. ЛIыхъужьыр 1942 гъэм и бадзэуэгъуэм Ростов щIыналъэм и Мартыновскэ районым деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм я зым хэкIуэдауэ щытащ. Ар илъэс куэдкIэ ящыщащ хъыбарыншэу кIуэдахэм.
Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбий къэрал дамыгъэм щыхьэт техъуэ дэфтэрыр иритыжащ лIыгъэ хэлъу зауэм хэкIуэда лIыхъужьым и къуэ Хьэмыщэ.
Дамыгъэр зыхуагъэфэщам Iэрымыхьэжами, илъэс 80 дэкIа нэужь, абы и щIэину ар иджы и унагъуэм щызэрахьэнущ. Ар зи фIыгъэр волонтёр, Урысейм и УФНС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм налогымкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэ Нэхущ Ахьмэдщ. ЗэрытщIэщи, абы куэд щIауэ ирегъэкIуэкI а лэжьыгъэр.
Уэрсей Бытыр и цIэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Фэеплъ тхылъым итщ, апхуэдэуи Ростов щIыналъэм и Мартыновскэ районым хиубыдэ Новониколаевскэ жылэмрэ езыр щалъхуа Плановскэ къуажэмрэ дэт фэеплъхэм и цIэр тратхащ. ЛIыхъужьым и фэеплъыр уахътыншэщ, абы и щIэблэм дежкIи мы Iуэхум мыхьэнэуэ иIэр къэлъытэгъуейщ.
КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.