«Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щагъэлъагъуэ художник Аккизов Керим и лэжьыгъэхэр. Ар тыгъэфIщ иджырей сурэтыщI гъуазджэм дихьэххэм я дежкIэ.
Выставкэр къызэIуахащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик Ступин Сергейрэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэрэ.
«Здесь и сейчас» выставкэм хагъэхьащ лэжьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм тету ящIа сурэт 50-м нэблагъэ. Дэтхэнэми щIэщыгъуэ щыхъун, игу дыхьэн лэжьыгъэ къызэрыщигъуэтынум шэч хэлъкъым, ди нэкIэ тлъэгъуам тыдощIыхьри.
- Илъэс 20 - 25-рэ гъуэгуанэ къэзыкIуа си лэжьыгъэхэм ящыщ къэсщтэжри, абыхэм ящIэлъ гупсысэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ къэзгъэлъэгъуэну мурад сщIащ. БлэкIам нобэрей нэкIэ еплъыжын хуейщ, - жиIащ Аккизов Керим.
- Керим ящыщщ нэхъ Iуэху бгъэдыхьэкIэ къызэрымыкIуэ зиIэ ди сурэтыщIхэм, зэфIэкI зиIэхэм, - къыхигъэщащ сурэтыщI Тхьэзэплъыж Руслан. - И лэжьыгъэхэр узыгъэгупсысэщ, щIэ гуэр зыхэплъагъуэщ.
Аккизовхэ я унагъуэ цIэрыIуэм я зэфIэкIым нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэухэри щыгъуазэщ. Абыхэм я лэжьыгъэщIэхэм зэпымыууэ поплъэ, дахагъэрэ купщIэкIэ гъэнщIащи.
Выставкэм зыкърагъэхьэлIащ гъуазджэм и цIыхухэм, сурэт щIыным дихьэххэм, ди щIыналъэм зыплъыхьакIуэ къэкIуахэм. Гъэлъэгъуэныгъэр шыщхьэуIум и кIэ пщIондэ лэжьэнущ.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.