«Петровский» творчествэ центрым иригъэкIуэкI «Голоса России» Iуэхум хыхьэу, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ ягъэзэщIащ «Махуэхэр макIуэ» адыгэ цIыхубэ лъагъуныгъэ уэрэдыр. КъыжыIапхъэщ, нэхъапэIуэкIэ зи гугъу ныфхуэтщIа «Куда поехать» Iуэхури а центрым и жэрдэму зэрыщытыр.
«Голоса России» Iуэхум и къызэзыгъэпэщакIуэхэм я мурадщ Урысейм щып- сэу лъэпкъхэм я макъамэм, зэрыхъукIэ, нэхъыбэу щагъэгъуэзэну. УэрэджыIакIуэхэм ягъэзащIэр зэманым пхыкIыу къагъэщIэрэщIэжа цIыхубэ уэрэдхэр. Артистхэм я зэфIэкIыр зигу дыхьэхэр ахэр щыпсэу щIыналъэм зыщрагъэп-лъыхьыну, щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм щагъэгъуэзэну кърагъэблэгъэну я мурадщ.
НэхъапэIуэкIэ зэщхьэгъусэхэр хэтащ «Новая звезда» урысейпсо телепроектым, «9 волна» теленэтыным, «Первый свет» (Но- вороссийск), «Город» (Черкесск), «Доброе утро, Кабардино-Балкария» (Налшык) теленэтынхэм, «Проверка на прочность» Iуэхум, зэпеуэ, фестиваль зэмылIэужьыгъуэхэм. КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ я студие яIэжщ, альбом зыбжани къыда-гъэкIащ. Абыхэм иджырей эстрадэ уэрэдхэм къищынэмыщIауэ, цIыхубэ уэрэдхэми гулъытэ хуащI. Абыхэм ящыщщ куэдым ягу дыхьэ «ИстамбылакIуэ», «Iуащхьэмахуэ» цIыхубэ уэрэдхэр. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм республикэм щекIуэкI щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр ягъэдахэ.
- Адыгэ уэрэдхэр гъэзэщIэныр тIэкIу къызэгугъуэкIми, псалъэхэр зэз-гъэщIэнымкIэ Ислъам къыздоIэпыкъу. Аращ ди лэжьыгъэр щIэкIуатэр, - жеIэ Каринэ. - ДяпэкIи зыдужьыну, ди лэжьыгъэм щIэ гуэрхэр хэтлъхьэну, ди уэрэдхэр фIыуэ зылъагъухэм дахуэупсэну ди мурадщ!