Япэ пщIащэхэр

ШыщхьэуIум и хьэуа щIы­IэтыIэ къабзэм и мэр зэуэ къы­пIурехьэ, дунейр бжьы­хьэ хуэплъэ зэрыхъуар зы­хэпщIэу. Мы махуэхэм уэру къыпылъэлъыжащ бзиихум и гъэгъахэри. Ахэр мазитI-мазищкIэ жыгым пиIыгъэщ, абыхэм къапих фоумэр дэнэкIи къыщыпщIихьэу. Иджыпсту ахэр жыг лъабжьэхэм гъуэплъыфэу щызэт­ри­хьащ, тхьэмпэ фIэкIа у­мыщIэу.

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм укъыфIэкIмэ, бзиихухэр нэхъыбэу здэщыIэр Налшык и къалэкумрэ «Горнэ» хьэблэмрэщ. Ахэр псори жы­гышхуэ защIэщ, ныбжь зэра­-Iэр къапщIэу. Мы зэманым, пщэд­джыжьым жьыуэ, дыгъэр къэмыплъ щIыкIэ, ком­мунальнэ хозяйствэм и лэ­жьакIуэхэм гъэгъа гъуэлахэр зэщIакъуэ жьыбгъэ уэр кърихуу IэкIэ ягъэлажьэ Iэмэп­сы­мэхэмкIэ.
Бзиихухэм пIалъэкIэ къа­зэры­кIэрыху щыIэкъым тхьэмпэ гъуахэр япэу къызыпы-лъэлъ шыкIуртIымейхэри. Зэ­рыфщIэщи, ахэр ди щыхьэрым щыкуэдщ. Ахэр щыфлъэ­гъунущ къалапщэм къыщы­щIэдзауэ къалэкIэм нэсыху. Зэман ипэкIэ абыхэм цIыхухэр тегузэвыхь хъуат, пасэу я пщIащэхэр къызэрегъухым къы­хэ­кIыу, арщхьэкIэ адрей къыкIэ­лъыкIуа илъэсхэм ­къа­гъэлъэгъуащ абы и щхьэу­сыгъуэр - ­хуабащэу  екIуэкIа гъэ­махуэхэм я зэран мащIэу къекIыу арат. Налшык имызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэри гугъу дехьащ а Iуэхум, ар къызыхэ-кIар къагурыIуэху, уеблэмэ Ставрополь къалэм и коммунальнэ хозяйствэм и лэ­жьа­кIуэхэм къыхалъхьат абыхэм псы ­щIэгъэлъэдэн хуейуэ. Зы щхьэкIи къэмынэу, шыкIуртIымхэр хъугъуэм носри, къапыкIа жылэ дыщафэхэр да­хащэу къыщIолъэлъэж. Абы­хэм зыкIи зэран къахуэхъуркъым тхьэмпэхэм нэхъ пасэу къыпыхун зэрыщIадзэри.
Къапщтэмэ, Кавказыр зи ­лъахэу къалъытэ шыкIуртIымейр жыг къызэрыгуэкIкъым. Ар зэрыдахэм имыза-к­ъуэу, и быдагъкIэ жыгейр къыкIэщIыхьэркъым. Жыгым хэлъ таннид пкъыгъуэхэм я фIыгъэкIэ абы пхъэр зыгъэщ Iэгъэбэгу лIэужьыгъуэ нэгъунэ зэран хуэхъуркъым. Зэман жы­жьэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, хы ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэуа адыгэхэм я унэхэр къызыхащIыкIыу щытар шыкIуртIы­мейрщ, абы хуэдэу псыIагъым пэщIэтыф нэгъуэщI пхъэ лIэу­жьыгъуэ зэрыщымыIэм къы­хэкIыу.
Коммунальнэ хозяйствэм и лэжьакIуэхэм япэ пщIащэ къыпыхухэр зэщIэкъуэным ехьэ­лIа лэжьыгъэхэр яублащ бзиихухэмрэ шыкIуртIымейхэмрэ я тхьэмпэ гъуэлахэм- кIэ.
 

Шэрэдж Дисэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI