Урысыбзэр езыгъэджхэм я дунейпсо зэхуэс

Санкт-Петербург дэт къэрал университетымрэ УрысыбзэмкIэ езыгъаджэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэмрэ фокIадэм и 13 - 15-хэм ирагъэкIуэкIынущ «Дуней зызыхъуэ­жым урысыбзэм щиIыгъ увыпIэр» зыфIаща XV конг­рессыр. ФилологиемкIэ щIэныгъэлIхэр, урысыбзэмкIэ егъэджа­кIуэ­хэмрэ методистхэмрэ хэтынущ иджы 15-нэу зэхыхьэну зэIущIэшхуэм. 

1969 гъэм щегъэжьауэ, илъэситху къэс зэ зэхашэ Уры­сыбзэмкIэ езыгъаджэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм (МАПРЯЛ) и конгрессыр бзэм дунейм зыщиубгъунымкIэ, абы и пщIэм хэхъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэщ. Мыгъэрейм и лэжьыгъэм хэтынущ къэрал 55-м къикIа лIыкIуэ 500-м нэс. ХьэщIэхэр къикIынущ Азием, Африкэм, КъуэкIы­пIэ Гъунэгъум, Европэм и КъуэкIыпIэ, КъухьэпIэ лъэныкъуэ­хэм, Латин Америкэм, ­СССР-м хиубыдэу щыта къэралхэмрэ щIыналъэхэмрэ. 
Хабзэ хъуауэ, МАПРЯЛ-м и конгрессхэм къоблагъэ Вьетнамым, Индием, Китайм, Румынием, Сербием, Словакием­, нэгъуэщI къэралхэм ящыщ щIэныгъэлIхэр. КъинэмыщIауэ, зэхуэсым хэтынущ урысыбзэр егъэджыным ирахьэлIэ Iэмалхэм щIэупщIэхэу, Бразилием, Катарым, Колумбием, Никара­гуам, Перум, Шри-Ланкам, Эквадорым щыщ егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэм и лэжьакIуэхэмрэ. 
Зэхуэсым къыщаIэтыну Iуэхухэм ину заубгъу: иджырей уры­сыбзэм и зыужьыкIэр, ар зезыгъакIуэ системэр, щIэуэ къыхыхьэхэр жылагъуэм лъэзыгъэIэс Iэмэпсымэхэр, зэ­дзэ­кIы­гъэхэм хуагъэув пщалъэхэр, зытет мардэхэр, хаб­зэщIэ­хэмрэ хъыбарыщIэхэмрэ бзэм ират зэхъуэкIыныгъэхэр - а псоми щытепсэлъыхьынущ конгрессым. 
Зэхуэсым и япэ махуэм къекIуэлIахэм я пащхьэм къыщып­сэлъэнущ зи ехъулIэныгъэхэмкIэ цIэрыIуэ щIэныгъэлIхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ. Абыхэм язщ цIыхубэм фIыуэ ялъагъу икIи куэд зыщIэдэIу, Санкт-Петербург къэрал университетым и когнитивнэ (гупсысэм епха) къэхутэныгъэхэмкIэ, институтым и унафэщI Черниговская Татьянэ, Китайм урысыбзэмкIэ щезыгъаджэхэм я зэгухьэ­ныгъэм и президент, Пекин дэт университетым и проректор, профессор Ци Нин, Европэмрэ США-мрэ урысыбзэр зэрыщрагъэдж проектхэм я унафэщI, Барселонэ къыщы­зэIуаха, иммерсие (бзэм хэпщIауэ) Iэмалым тет европей институтым щылажьэ Бердичевский Анатолий, Болгарием и щыхьэр Софие дэт, Лъэпкъ гъащIэмрэ экономикэмкIэ университетым хыхьэ хамэ къэралыбзэхэмрэ жылагъуэм къыщысэбэп лингвистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Пенчевой Антонин, къинэмыщIхэр. ХьэщIэ лъапIэу конгрессым кърагъэблэгъэнущ УФ-м щIэныгъэхэмкIэ и академием пасэрей урыс литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ, урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Водолазкин Евгений. 
 ЩIэныгъэ унэтIыныгъэ 13-кIэ зибгъунущ конгрессым, зэрырагъаджэ тхылъхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэри къызэIуа­хынущ. Урысыбзэр щаджкIэ Iуэхур зылъахъэ лъэпощхьэпохэр щызэпкърахынущ стIол хъуреиплIым: «Бжыгъэр зи тегъэщIапIэ Iэмэпсымэхэм урысыбзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр зэра­хъуэжар», «Хабзэм мыхьэнэ зрит тхыгъэхэр зэ­ры­зэпкърыхыпхъэр», «Литературэ тхыгъэм хэт лIыхъужьыр и Хэкумрэ зыщыпсэу къэралымрэ зэрахущытыр цIыхубэм къазэрыгурыIуэ щIыкIэр», «Урысыбзэр щебгъэджкIэ жылагъуэм и гукъыдэжхэм мыхьэнэуэ етыпхъэр зыхуэдизыр». 
 Конгрессыр щызэхуащIыж махуэм урысыбзэр зыдж, хамэ къэралхэм я лъэпкъ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр къэп­сэлъэнущ: урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм Индием щаIэ зэгухьэныгъэм и президент Дасгуптэ Дебалэ, Сенегалым и щыхьэр Дакар дэт университетым егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ и факультетым урысыбзэр егъэджынымкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор Ндяй Манету сымэ. 
 МАПРЯЛ-м къызэригъэпэщ зэIущIэхэр щекIуэкIынущ Санкт-Петербург и нэхъыфIыщхьэу къалъытэ, тхыдэм пщIэ зыхуищI щIыпIэхэм: Къэрал Эрмитажым, Урысейм нэхъ жьыуэ къыщалъытэ егъэджапIэхэм язу, Таврическэ сэрейм хэт Думэм и хьэщIэщым, Санкт-Петербург дэт университетым. 
 Дызэрыт илъэсыр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я гъэу щыщыткIэ, адыгэбзэмкIэ езыгъаджэхэми мыпхуэдэ зэхуэсышхуэ ирагъэкIуэкIыну Iэмал яIэну къыщIэкIынщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ