Гъавэр Iуахыж

Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэш хозяйствэхэм мы гъэм бжьыхьэсэ гуэдзу гектар мини 3,5-рэ зэрахьащ. Абы щыщу гектар минрэ ныкъуэм нэблагъэр къахыжащ. Райо­ным мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и IуэхущIапIэмрэ губгъуэ лэжьыгъэхэм сыт щыгъуи зи нэIэ тет Ныр Iэуесрэ дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, зы гектарым хуэзэу центнер 50 - 55-рэ къытрах.

- Бэджэндырылажьэхэм яхэтщ нэхъыбэ къытезыхи. Псалъэм папщIэ, Бахъсэнёнкэ къуажэм щыщ Шырыт Тимур зы гектарым центнер 62-рэ къытрихын хузэфIэкIащ. Мэкъу­мэшыщIэхэм я дежкIэ гъэр тыншу щытакъым. Гъатхэ къииным и зэранкIэ щIым елэжьынри гъатхасэр щрагъэкIуэкIыну пIалъэри ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ, иужькIэ абы къыхыхьэжащ щIыIэмрэ уэлбанэ кIыхьымрэ. А псоми къыхэкIыу языныкъуэ гъавэгъэкIхэм нартыхур мэлыжьыхьым и кIэм хасащ, адрейхэм хэт накъыгъэм, хэти мэкъуауэгъуэм икухэм ягъэIэбэн хуей хъуащ, ауэ абыи емылъытауэ, нартыхум ­хъарзынэу зиужьащ, - жеIэ Бахъсэнёнкэ къуажэм щыщ, мэкъумэш лэжьыгъэм илъэс куэд хъуауэ бгъэдэт Къурмэн Iэлисэхь.
Хуабэу екIуэкI мы махуэхэм нартыху хьэсэхэм псы щIагъэлъадэ, махуэ зыбжанэкIэ нартыху IэфIыр Iуахыжын щIадзэнущ. Iэлисэхь и хьэсэр гектар 30 мэхъу. Абы щыхисащ нартыху лIэужьыгъуиплI. КъищынэмыщIауэ,  иIэщ, игъэ­унэхуну хуейуэ, сэхуран лIэужьыгъуих щыхиса хьэсэ щхьэхуи. НартыхугъэкI цIэрыIуэр иджыпсту щыщIэдзауэ егъэпIейтей и хьэсэхэр мэлхьэпIатIэм тIысыпIэ зэращIам. «ИкIэщIыпIэкIэ абыхэм Iэмал къахуэдмыгъуэтмэ, апхуэдиз гугъуехьыр зэтхьэлIа гъавэм хэщIыныгъэшхуэ иратынущ, - къыхигъэщащ абы. 
Гъавэ Iухыжыным къыдэкIуэу «Агроресурсы» мэкъумэш IуэхущIапIэм и механизаторхэм иджыпсту явэ бжьыхьэсэ хьэпцIиймрэ гуэдзымрэ къызытрахыжа хьэсэхэр.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.