УсакIуэшхуэм и фэеплъ

Бахъсэн къалэм и щэнхабзэ зыгъэпсэхупIэ паркым бадзэуэгъуэм и 27-м къы­щызэIуахащ урыс усакIуэ, тхакIуэ цIэ­рыIуэ  Лермонтов Михаил и фэеплъ. Лэ­жьыгъэр и Iэдакъэ къы­щIэкIащ КъБР-м и Сурэ­тыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, скульптор Катони Станислав. Фэеплъыр и жэрдэмщ Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мам­хэгъ Хьэчим. 

- Лермонтов Михаил щып­сэуа зэманым и цIыху къы­зэрымыкIуэу щытащ. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр зи тхыгъэ куп­щIа­фIэхэмкIэ зыгъэбея уса­кIуэм фэеплъ хуэдгъэувыну хуэфащэу къэтлъытащ, - жи­Iащ Мамхэгъ Хьэчим, мы Iуэхум щхьэкIэ къызэхуэсахэм захуигъазэу. 
Фэеплъыр къызэIухыныр бадзэуэгъуэм и 27-м щIрагъэхьэлIам и щхьэусы-гъуэр - зэфIэкI къызэры­мыкIуэ зиIэ усакIуэшхуэр ­гуузу а махуэм Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм зэры­щаукIарщ. Ар пасэу, и ныбжьыр илъэс 27-м иту ду-нейм ехыжащ. Абы и гъащIэр­ ­тыншу щытакъым: и анэр пасэу фIэкIуэдащ, и адэм ­пэ­IэщIэу и сабиигъуэр ихьащ, и усыгъэхэр, щхьэ­хуитыныгъэр зэригъэлъапIэр щхьэусы­гъуэ къыхуа­щIу зи те­тыгъуэхэм зэхэзехуэн  ящIащ. 
Зэрыпсэуа зэман мащIэм Лермонтовым гупсысэ куу зы­щIэлъ усэ куэд и къалэ­мыпэм къы­щIэкIащ. Абы и гъащIэм къы­гуэ­хыпIэ имыIэу щытащ Кавказыр. И тхыгъэ нэхъыфIхэр щитхари ди щIыналъэрщ. Кавказ лъэпкъхэм ди хабзэхэм, уэрэдхэм, ­хъыбархэм, щIыуэпсым и дахагъэм дахьэхырт уса­кIуэр. Псом хуэ­мыдэу ­ады­гэ­хэр  фIыуэ ды­къилъа­гъурт. Шэрджэс зауэлI­хэм пщIэш­­хуэ яхуищIырт. 
Фэеплъыр къыщызэIуа­хым зыкърагъэхьэлIащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Ад­министрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, ­КъБР-м и Правительствэм-рэ министерствэхэмрэ я ­лIы­­кIуэхэр, КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и ­министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупэ Джэб­рэIил, УФ-м и цIыхубэ ар-тист Тут Заур, КъБР-м и цIыхубэ артистхэу Думэн  Мурадинрэ Зеушэ Iэуесрэ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан, егъэджэ­ныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм, ­къа­лэдэсхэм. 
Лермонтов Михаил и фэ­еплъыр къызэIуаха нэужь, ныбжьыщIэхэр абы и усэ-хэм щыщ къеджащ, уэрэд жаIащ, къэфащ. А псор зэфIэкIа нэужь, фэ­еплъым удз гъэгъахэр тралъ­хьащ. Ар цIыху кIуапIэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым. 

БЖЬЫХЬЭ   Розэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.