Хамэ къэралхэм щыIэ ди лъэпкъэгъухэмрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щыпсэухэмрэ я щIалэгъуалэм папщIэ Налшык къалэм илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ зыгъэпсэхупIэр къызэIуахащ. Ар бадзэуэгъуэм и 28-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 5 пщIондэ лэжьэнущ.
Тыркум, Ставрополь щIыналъэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием къищынэмыщIа, мы гъэм Херсон щIыналъэм къраша сабийхэми ди республикэм зыщрагъэгъэпсэхунущ. Псори зэхэту сабий 54-рэ мэхъу, илъэс 15 - 20 ныбжьым иту.
Лагерым и лэжьыгъэр «Синдика» хьэщIэщым къыщызэIуахащ. КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор жиIащ мы Iуэхур зэрырагъажьэрэ мы гъэм илъэсипщI зэрыхъур икIи ар куэдым я гум дыхьауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэну гупыж зыщI щIалэгъуалэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур.
- Сабийхэм зедгъэгъэпсэху къудей мыхъуу, щэнхабзэ-хэзыгъэгъуазэ Iуэху гъэщIэгъуэнхэми хэдгъэтынущ. Си фIэщ мэхъу, псалъэм папщIэ, лъэпкъ къэфэкIэхэм щыхуагъэсэну дерсхэр дэтхэнэми игу зэрырихьынур, зэрыщыIэну пIалъэм къриубыдэуи ахэр зэрызрагъэхъулIэфынур, - къыхегъэщ министрым. - Ди мурад нэхъыщхьэр нэгъуэщI щIыналъэхэм, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди щIалэгъуалэр зэдгъэцIыхунырщ, адэкIи зэрыщIэу, зэныбжьэгъуу къэдгъэхъунырщ. Ахэр ди IэпщIэлъапщIэхэм яхуэдгъазэ щIыкIэурэ, ди лъэпкъ щэнхабзэм зэрыхэдгъэгъуэзэнуми иужь дитынущ. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ дерсхэм ящыщщ арджэн зэращIыр ныбжьыщIэхэм зэрырагъэлъагъунур. Апхуэдэуи абыхэм зыщедгъэплъыхьынущ музейхэм. Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр зэрагъэкIуэнур щызэхэдгъэувэм, ипэ илъэсхэм диIа ехъулIэныгъэхэр къэтлъытащ. Дыщогугъ ныбжьыщIэхэм ди щIыпIэр ягу дыхьэну, къыщIытрагъэзэн щхьэусыгъуэ ялъагъуну.
КIурашыным зэрыжиIамкIэ, щIалэгъуалэм нэгузыужь Iуэхухэри къыхузэрагъэпэщынущ. Абыхэм зыщрагъэплъыхьынущ Iуащхьэмахуэ лъапэ, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм, Налшык къалэм дэт «Сосрыкъуэ» IуэхущIапIэм.
КIурашын Анзор ныбжьыщIэхэр къигъэгугъащ я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр хьэлэмэту, щIэщыгъуэу, щхьэпэу зэрагъэкIуэнум хущIэкъуну. «Республикэм фызэрыщыIэну пIалъэр мыинми, цIыху зэчиифIэ куэдым фаIудгъэщIэнущ, сыщогугъ а дерсхэм щхьэпэ гуэрхэр къыхэфхыну, Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм теухуауи нэхъыбэ къэфщIэну. Мыбдеж Iэмал щывиIэнущ адыгэбзэр нэхъыфIу зэвгъэщIэнуи», - дыщIигъуащ министрым.
Херсон щIыналъэм къикIа гупым я нэхъыжь Ковалёв Дмитрий къыджиIащ гугъуехь къыхэмыкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрысар, щIалэгъуалэм гукъыдэжышхуэ зэраIэр. «НыбжьыщIэхэм я нэ къокI Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ дахэм и щэнхабзэри хабзэхэри зрагъэщIэну, ныбжьэгъухэр мыбдеж къыщагъуэтыну. Ди гупым щIалитI ди гъусэщ нэхъ ипэкIэ республикэм щекIуэкIа спорт зэпеуэхэм хэтыну къэкIуауэ щытауэ. Абы щыгъуэм абыхэм ягъэзэжыныр къатехьэлъат, апхуэдизкIэ фи щIыналъэр ягу дыхьати. Си гугъэмкIэ, адрейхэми апхуэдэущ щIыналъэр къазэрыщыхъунур», - жиIащ хьэщIэм.
Мэздэгу къикIахэм я пашэ Уэркъ Джульеттэ къыхегъэщ гъэсэнхэр къишэурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мызэ-мытIэу зэрыщыIар икIи сыт щыгъуи гу зэрылъитэр ныбжьыщIэхэр республикэм и дахагъэм зэрыдихьэхым, къытрагъэзэну зэрыщIэхъуэпсым. «Нэхъыщхьэращи, лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэм щыхуагъасэу зыгъэпсэхупIэм деж къыщызэрагъэпэщ дерсхэм ныбжьыщIэхэм зэфIэкI хъарзынэхэр къыщагъэлъагъуэ, уеблэмэ кIуэжа иужьи апхуэдэ Iуэху гуэрхэм пащэну гупыж ящI. Абы мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, - жеIэ бзылъхугъэм. - Сэ цIыху 20 къыздэсшащ мы гъэм, нэхъыбэр щIалэ цIыкIущ. Шэч хэмылъу, мыпхуэдэ Iуэхухэр щхьэпэщ, зэныбжьхэр зэрыгъэубыдынымкIи, абыхэм щIыналъэр фIыуэ егъэлъагъунымкIи, анэдэлъхубзэм пщIэ хуегъэщIынымкIи, я къэухьым зегъэужьынымкIи, къапщтэмэ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэ-нымкIи».
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.