КЪАГУПСЫСАМИ, ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ

Илъэс 54-рэ ипэкIэ кърахьэкIа хъыбархэм ятетщIыхьмэ, I969 гъэм бадзэуэгъуэм и I9-м, США-м «Аполлон» зыфIаща и хьэршырызекIуэ кхъуафэр дунейм щыяпэ дыдэу Мазэм щхьэщылъатэри, къыкIэлъыкIуэ махуэм щетIысэхащ. «Нэху» къызэрыщекIыуи, а уафэщI телъыджэм и лъэр щригъэувэхащ цIыхуищым я шуупэ гъуазэ (капитан) Армстронг Нил. Зимыгъэгувэу абы «кIэлъыпхъэращ» кхъуафэр зезыгъакIуэ (пилот) Олдрин Эдвин. ЗэрыжаIэжымкIи, а тIум къыщакIухьыни яхузэфIэкIащ а уафэщIым и гущIыIум. 
АрщхьэкIэ, ди къэралым и IэщIагъэлIхэми къызэралъытэмкIэ, иджыри къыздэсым гурыIуэгъуэкъым, зи гугъу ящI Iуэхур ипэжыпIэкIэ къэхъуарэ уи фIэщ пщIыфын хуэдизу зэхагъэувауэ щытарэ. И щыпкъапIэр зэхэгъэкIынымкIи Iэмалу щыIэр зыщ: ди планетэм щыпсэухэр, хэт и щIысми, дяпэкIэ ишэсыкIыну зыщыгугъ «уафэшухэр» Мазэм и гущIыIум щыщу американхэр здэщыIауэ жыхуаIэм щетIысэхынырщ...  
ИтIани, уахэр къэхутэнымкIэ ди пэщIэуэгъухэм, уи фIэщ пщIыфын хуэдизу, утыку къралъхьауэ щыта мы Iуэхум и «къекIуэкIыкIам» кIэщIу щыгъуазэ фыхуэтщIынщ. Дапхуэдэу щымытами, ари Iэмалщ ЩIы Хъурейм тесхэм нэгъуэщI уафэщIхэр къагъэIурыщIэнымкIэ пхыплъыпIэрэ хэкIыпIэу къалъытэхэм адэкIи зегъэубгъунымкIэ. 
КъызэрекIуэкIар
I96I гъэм США-м щыщIадзат «Аполлон» зи фIэщыгъэ программэу космонавтикэм зегъэужьыным хуэгъэзар гъащIэм щыхэпщэным (Мазэм щитIысыкIыным теухуа и Iыхьэри хэту). Программэм и зэхэгъэувэкIэм ехьэлIауэ, I962 гъэм фокIадэм и I2-м а къэралым щыпсэухэм я пащхьэ къыщыпсэлъат США-м а лъэхъэнэм и Президенту щыта Кеннеди Джон. 
Программэм и гъэзэщIэныр и пщэ далъхьат II Дунейпсо Зауэм кърикIуахэм япкъ иткIэ Германиер зыбгына нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Вернер фон Браун. Арат къэзыгупсысар ЩIы Хъурейм щхьэщыт хьэуам ищхьэкIэ щыIэ и нэзым, хьэршым ухэзышэу къалъытэм, пхыкIыфа Фау-2 зыфIаща ракетэри. 
Къыхэгъэщыпхъэр аращи, и щIэдзэгъуэм США-м къызэрехъулIа щыIэкъым иутIыпщ кхъуафэхэм хьэршым я хуеблэгъэкIэр зэрекIуэкIа щIыкIэр. ЖыпIэнур арамэ, и япэ ракетэхэр здынэсаи щымыIэу, е зэтекъутэрт, е къызэщIэлындэурэ езыр-езыру къэуэжырт. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, а лъэхъэнэм НАСА-м и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэлъытапхъэр I967 гъэр къихьэху иутIыпща и кхъуафэхэм ящыщ зым ди планетэм и орбитэм ихьэну зэрыхузэфIэкIарщ. АрщхьэкIэ, ари, уахэм къызэрыщилъэтыхьа щымыIэу къыщызэтеуат.    
ИтIани, аэронавтикэм хэзыщIыкI щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, США-р мы Iуэхум и щIэдзэгъуэм лъэпощхьэпо куэд зэрыщыIущIар бгъэщIагъуэ хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, ди къэралым и IэщIагъэлIхэри гугъу зэдехьат Совет Союзым и космонавт Гагарин Юрий хьэршым яутIыпщын ипэ къихуэу. Ди щIэныгъэлIхэми ЩIым трагъэлъэтыкIыну япэ щIыкIэ къайхъулIар «кхъухь» хужыпIэну щымытми, абы хуагъадэ макетхэм хуэдэт. 
I967-I968 гъэхэм ди хьэрхуэрэгъухэм яутIыпща Аполлон – 4-нэ, Аполлон – 5-нэ, Аполлон – 6-нэ кхъуафэхэр цIыху зэрымыст. Уахэр зи «плъапIэ» а кхъухьхэм яхузэфIэкIащ ЩIым и орбитэм ихьэу къагъэзэжын, арщхьэкIэ зэрызыщагъэгува щымыIэу (зекIуэм я нэхъ кIыхьыр сыхьэт 20-щ зэрекIуэкIар).
АдэкIэ, зэрагъэхъыбарымкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа проектым ипкъ иткIэ дунейм къытрагъэхьа Аполлон – 7-м, I968 гъэм жэпуэгъуэм и II-м яутIыпщам, астронавтхэу Ширра Уолтер, Айзли Донн, Каннингем Уолтер сымэ ирагъэтIысхьат. 
Кхъухьыр, и етIуанэ Iыхьэр (ступень) и гъусэу, ЩIым и уэрдыхъум (орбитэм) ихьэри, махуэ II-кIэ и хъуреягъыр къилъэтыхьащ. АпщIондэхукIи ягъэнэхуащ Мазэм щыкIуэкIэ здрашэжьэну зыхуагугъэ пкъыгъуэхэм я быдагъэр здынэсыр… Абы иужькIэ, кхъуафэм, зыкIэритIэтыкIыу зыкъыкIэрызыщIэжа и етIуанэ Iыхьэм IэщIэкIыпэщ, езыми гулъэф тIэкIу ищIри, ЩIым и хьэуа Iувым гъунэгъу зыкъыхуищIыжащ.
Аполлон – 8-р, астронавтхэу Борманн Фрэнк, Ловелл Джеймс, Андерс Уильям сымэ зэрысар, I968 гъэм дыгъэгъазэм и II-м гъуэгу техьащ. Кхъухьлъатэр махуихым Мазэм нэсщ, а уафэщIым и хъуреягъыр зыбжанэрэ къилъэтыхьри, зытекIа ЩIы Хъурейм къигъэзэжащ (американхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ).
Абы иужькIэ, ди планетэм зыкъытезыIэтыкIа Аполлон – 9-ми Аполлон – I0-ми цIыхухэр исащ. Абыхэми щIэныгъэлIхэм Мазэм «хуагъэтIыгъуэ» пкъыгъуэхэр хьэршым зэрезэгъым, къытрагъэзэжурэ, щыгъуазэ зыщыхуащIащ. 
ИкIэм-икIэжу, I969 гъэм бадзэуэгъуэм и I6-м, ЩIы Хъурейм телъэтыкIащ Аполлон – II-р, астронавтхэу Армстронг Нил, Олдрин Базз (Эдвин), Коллинз Майкл сымэ зэрысар. Ар Мазэм екIуэталIэри щетIысэхащ. Махуи 8 дэкIри, бадзэуэгъуэм и 24-м ЩIым къэзыгъэзэжа кхъуафэр Хы Хуэмым тешэсащ. 
Тхыдэм къыхэна а илъэсым иужькIи, «Аполлон» - хэм ящыщу къыкIэлъыкIуахэри (американхэм зэрагъэхъыбарымкIэ) Мазэм щепсыхащ е и хъуреягъыр къалъэтыхьащ, ящыщ дэтхэнэми къащыщIа щымыIэу. Аполлон – I7-р, иужьрейр арати, ар ди гъунэгъу уафэщIым щыщетIысэхар I972 гъэращ. Абы лъандэрэ цIыхуцIэ зиIэ Мазэм щебэкъуэхакъым. 
Ахэр, дауи хъарзынэт, мы Iуэхум – американхэр Мазэм мызэ-мытIэу щетIысэхауэ зэрагъэхъыбарым - мыгурыIуэгъуэу хэлъыр куэдыIуэу щымытатэмэ...    
КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ