ЩIЫМАХУЭ НЭХУЛЪЭМ

«ЩIымахуэрэ дзэрэ!» - щыжаIа зэмант. Мазэхъуанэм и гуащIэгъуэу уает. Нэхъ гъунэгъуIуэу щыIа мэкъухэр духауэ, иджы мэкъушэ жыжьэ дыкIуэн хуей хъурт.

Нэху мыщ щIыкIэ зытIэтри, Шэрджэсыкъуащхьэ и Сэрсэламым дежьат. Си гъусэхэм сакъыкIэрыхуати, си шыIэжьэмкIэ лъэхъу псынщIэкIэ сакIэлъеуэрт. Хьэбэзыщхьэ сынэсауэ нэхулъэр къызэщIичу щIидзащ. Вагъуэхэм нащхьэ къащIыжурэ, зырыз-тIурытIурэ уафэ джабэм зыщагъэпщкIужырт, щIыIэр дзакъэми, уэс къабзэм зэщIисея дуней дахэшхуэр дакъикъэ къэс нэхъ наIуэ къэхъурт.

Си япэ иту, уэс мычым гъуэгу хэзыша си гъусэхэм я лъэужьымрэ хьэкIэкхъуэкIэ закъуэтIакъуэ зекIуахэм уэсыщхьэм къытрана я лъэужь тхыпхъэхэмрэ фIэкIа, нэгъуэщI уэс губгъуэшхуэм зы къутагъэ иIэтэкъым. Си гъусэхэм салъэщIыхьэжыным зэ щIэпхъуэгъуэ нэхъ къэнэжатэкъыми, дызэрылъагъуи хъуат.

Сыплъэмэ, ПсыншокъуэкIэ кърахуауэ, дыгъужьищым зы тхьэкIумэкIыхь къаху. «Ярэби, мы тхьэмыщкIэр яIэщIэкIыфыну пIэрэ мо емынищым?» - жызоIэри, адэкIэ къэхъунум сеплъыну шыхэр къызогъэувыIэ, ахэр къащтэу зрамычын папщIэ, шытIощыщIэр (шхуэ) быдэу яжьэдэкъузауэ Iэжьэ щхьэнтэм къызошэкI.

ТхьэкIумэкIыхьым сэ сыкъилъагъумэ лъэныкъуэкIэ ириIуэнтIэкIын сфIэщIа щхьэкIэ, зыщIыпIэкIи зыдимыдзыхыу къажэри, нэкIуэпакIуэу си куэщIым къипкIащ. Сэ, моуэ а тхьэмыщкIэр сфIэпсэкIуэду, и тхьэкIумитIым Iэ дэслъэн сыхущIыхьа (сыхунэса) къудейуэ, япэ ит дыгъужьыр къэсри, уафэхъуэпскIым ирихам хуэдэу, тхьэкIумэкIыхьыр си куэщIым ириудащ.

Абы пкIэгъуищ нэхъ имыщIауэ, дыгъужь етIуанэри къынос. А тIум сэ дунейм сытет-сытемытуи хъымпIар сыкъащIакъым, тхьэкIумэкIыхь тхьэмыщкIэр зэпаубыдри, кIийуэ зэпатхъри ирадзыхыжащ.

А Iуэхугъуэр абыхэм апхуэдизу псынщIэу зэфIагъэкIати, ещанэр къыщысам, уэсым хэткIуа лъы ткIуэпс гуэрхэм ебзеижащ, зы ци къылъысыжакъым, сэри си къамэр къисхыу, а сIэщIауда тхьэмыщкIэм къыщхьэщыжыпIи срагъэхуакъым.

Дыгъужьищым зыри ямыщIа хуэдэ, я кIэхэр дакъузэри бзэхыжащ. Сэри пырхъыурэ къафэ сишхэр сутIыпщри, гузавэу къыск1элъыщIэпхъуа си гъусэхэм сапежэжьащ. Абыхэм тхьэкIумэкIыхьыр ялъэгъуатэкъым, дыгъужьищыр сэ къыстеуауэ къалъытауэ къажэхэрт, яшхэр теутIыпщхьауэ.

Сыпсэууэ щалъагъум, «уэху» жаIэжат. «Уи щыгъын кIапэ дылъыхъуэн мыхъумэ, уи псэущхьэ дыщыгугъыжыртэкъым!» - щыжаIэм: «Сэ къамэ сIыгъыу абыхэм зезгъэшхынтэкъым, ауэ тхьэкIумэкIыхь цIыкIу мыгъуэр сфIашхащ, сывгъэгузавэри си кIэрахъуэр къэзвгъэщтакъым, щыри хъарзынэм хуэдэу згъэтIылъыфыну щытащ иджыпсту!» - яжызоIэ.

А къысщыщIар яфIэгъэщIэгъуэну, си ныбжьэгъухэр зыкъомрэ абы тепсэлъыхьат. ГъэщIэгъуэныр и гузэвэгъуэм тхьэкIумэкIыхьыр си куэщI къызэрипкIар аратэкъым, атIэ ар си IэплIэм дыгъужьым зэрыриудыжарщ.

Гузэвэгъуэ хэхуэмэ, хьэкIэкхъуэкIэм я нэхъ Iэл бзаджэри цIыхум къыщыкъуэлъадэр мащIэкъым къызэрыщыхъур ди гъащIэм. АбыкIэ щапхъэхэр гъунэжщ. Уи нэрэ уи псэрэ дунейм и дахэм, абы тет псэущхьи къэкIыгъи яхузэIухауэ щытмэ, телъыджэ Iэджи ядэплъагъунущ!

А къысщыщIыгъар сэ сыщысу си ныбжьэгъухэм зэи кърагъажьэтэкъым, тхьэкIумэкIыхь сызыдэмыIэпыкъуфам и ажал кIий макъыр зэуэ си тхьэкIумэм къиувэжырти…

ШЭРДЖЭС Алий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ