Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и урысейпсо махуэр, КъБР-м и щIыналъэ псоми хуэдэу, Джылахъстэнейми щагъэлъэпIащ.
IэмыщIэм къимыщ а дамыгъэ цIыкIум и уасэр, унагъуэ быдэр бухуэн папщIэ къарурэ шыIэныгъэу, акъылыфIагърэ бэшэчагъыу узыхуейнур зыщIэр илъэс куэд щIауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм я закъуэщ. Унагъуэм и дахэри и Iейри зэпсэгъухэм я зэхуэдэ къалэну зэрыщытыр фIыуэ ящIэ мы махуэр зэдэзыгъэлъапIэ цIыху насыпыфIэхэм.
Тэрч щIыналъэм и администрацэм бадзэуэгъуэм и 8-м щагъэлъэпIащ мы гъэм унагъуэ нэхъыфIу къалъытахэр.
«Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ» медалыр хуагъэфэщащ: ДыщэкIхэ Суфэдинрэ Лидэрэ (Тамбовскэ къуажэ), Белгъэрхэ Барэсбийрэ Риммэрэ (ХьэпцIей), Фанзийхэ Заудинрэ Нинэрэ (Болэтей), Дрынкинхэ Александррэ Валентинэрэ (Интернациональное), Балъкъэрхэ Хьэсэнбийрэ Замирэрэ (Дей).
КъыдэкIуэтей щIэблэм щапхъэ яхуэхъу, бын дахэ зыгъэса зэщхьэгъусэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ щIыналъэм и унафэщI Хъущт Аслъэнбий.
- Ди щIыналъэм щымащIэкъым унагъуэ быдэ зыухуа, зэхущытыкIэ дахэ зи яку дэлъ зэщхьэгъусэхэр. Унагъуэм илъ зэхущытыкIэм куэд зэрелъытар псоми фIыуэ дощIэ. Абы щIапIыкI быным аращ щапхъэу, гъуазэу я гъащIэ псом яIэнур, езыхэм яухуэну унагъуэхэм лъабжьэ хуащIынур. ФIыщIэ щхьэхуэ яхуэфащэщ бын куэд зыпI унагъуэхэм. УнэгъащIэу тIысыжахэри абыхэм дэплъеину, хабзэ дахэхэм, зэхущытыкIэ екIум щапхъэ трахыну дыхуейт.
Ди щIыналъэм ис дэтхэнэ унагъуэми сохъуэхъу узыншагъэ быдэ яIэну, зэгурыIуэу, ефIакIуэу псэуну!
Инэрокъуэ Данэ.