Жылагъуэм и быдапIэ нэхъыщхьэ

Щэбэт блэкIам, бадзэуэ­гъуэм и 8-м, ди къэралым иджы 16-нэу щагъэлъэпIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэ­хуэ­пэжыным я махуэр. Къэралым и зы Iыхьэу, жы­ла­гъуэм и быдапIэ лъэщу щыт унагъуэращ къыще­жьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл да­хэхэу лъагъуныгъэмрэ гуа­­­пагъэмрэ, пщIэмрэ нэ­мы­сы­мрэ, гумащIагъымрэ пэ­жы­гъэмрэ, нэгъуэщIхэри. Ма­хуэ­шхуэр гъэлъэпIэным лъаб­жьэ хуэхъуащ УФ-м и Президентым 2008 гъэм къы­дигъэкIа Унафэ щхьэ­хуэр.
 
ГъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ унагъуэм гулъы­тэш­хуи зэрыщигъуэтым и щапхъэу, абы и пщIэр къэIэтыным хуэгъэпса махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ ди республикэм. Ар хуэгъэзащ унагъуэш­хуэ­хэм, быныфI къызыщIэува зэщхьэгъусэхэм, зэгурыIуэрэ зэ­дэIуэжу зэдэпсэу, жыла­гъуэм щапхъэу къыщахь ди нэхъыжьыфIхэм пщIэ хэха, гулъытэ яхуэщIыным. Илъэс 25-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ апхуэдэу екIуу къызэдэгъуэгурыкIуа зэщхьэгъусэхэм пап­щIэ къэралым щагъэуващ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэ­пэ­-жы­нымрэ» медалыр. Ар махуэшхуэм ирихьэлIэу ират унагъуэ дахэхэм, щIыхь, фIыщIэ тхылъ хэхахэр. 
Апхуэдэ дамыгъэ лъапIэхэр мы махуэхэм зрата унагъуэ дахэхэм ящыщщ зыбжанэм щратащ Iуащхьэмахуэ щIы­налъэм. Апхуэдэ хъуахэщ Бахтиевхэ Рауфрэ Светланэрэ, Жапуевхэ Аслъэн­бийрэ Маринэрэ, Атакуевхэ Жамболэтрэ Мариямрэ я ­унагъуэ быдэхэр. Абыхэм ирата дамыгъэ лъапIэхэр къалэжьащ я унагъуэхэм лъа­гъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэгурыIуэныгъэмрэ гуапа­гъэм­рэ хэхъуэ зэпыту, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэным, мурад дахэу гъащIэм хуаIэхэр зэгъэхъулIэным хуэгъэпсауэ гъащIэр зэрырахьэкIымкIэ. Къэрал дамыгъэ лъапIэм щIыгъуащ, зэрыхабзэу, шынэ-шынэ удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэр. Ар къабзагъэмрэ гуа­пагъэмрэ я нэщэнэуи къалъытэри, ирапх апхуэдэ щэнхэр зи лъабжьэу щытын хуей унагъуэ быдэм. 
Къыхэдгъэщынщи, унагъуэм, бзылъхугъэмрэ са- бийхэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэ псори УФ-м къэрал мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэу щагъэув. ЖыпIэнурамэ, бын зыпI унагъуэхэм ди къэралым хуищI гулъытэм илъэс къэс хохъуэ. А унэтIы­-ныгъэм хуолажьэ программэ щхьэхуэхэр, быныр пIыным, псэупIэ унэхэр егъэфIэ­кIуэ­ным, унагъуэр зыхуей-зы­хуэфI­кIэ къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми хуэгъэпсауэ. Ап­хуэдэхэщ, къапщтэмэ, бын зыгъуэт унагъуэхэм къэралым социальнэ и лъэныкъуэкIэ зэ­рызащIигъакъуэр. Абы мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ унагъуэр ­хъу­ма хъунымкIэ, щIэблэр зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэ­пэщынымкIэ, гъэсэнымкIэ, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ еты­ным­кIэ. А псори хуэгъэпсащ унагъуэр хъумэнымкIэ иджы­рей адэ-анэхэм, зэщхьэ­гъусэхэм жэуаплыныгъэр ­нэхъ куууэ зыхегъэщIэным. Къэ­ралым унагъуэхэм исхэм къарит дэIэпыкъуныгъэхэм ирегъэфIакIуэ щIыналъэхэм щыщыIэ демографие щы­тыкIэр, сабий зэзыгъэгъуэ­тыну хуей унагъуэхэри абы ­нэхъри трегъэгушхуэ.
Урысей Федерацэм хыхьэ дэтхэнэ щIыналъэми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрми щолажьэ бын зиIэ унагъуэхэм социальнэу ядэIэпыкъуным хуэгъэпса программэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, сабийхэм зэ тыгъуэу е мазэ къэс ират пособиехэр, гъэсапIэхэм екIуалIэ цIыкIухэм пап­щIэ ят пщIэм щыщ процент бжыгъэ адэ-анэхэм зэры­хуагъэкIуэжыр, бын куэд зыпI унагъуэшхуэхэм псэупIэ Iуэ­ху­т­хьэбзэхэм щIат пщIэм и Iыхьэ гуэрым къызэригъэзэ­жыр, республикэм  и сабий ­гъэ­махуэ зыгъэпсэхупIэхэм пщIэн­шэу бынхэр зэрыщыбгъэIэфыр, нэгъуэщIхэри. 
Дэ тщыщ дэтхэнэми ди  дежкIэ унагъуэм мыхьэнэш-хуэ иIэщи, а махуэшхуэмкIэ псоми дынывохъуэхъу. Фи уна­гъуэхэм илъ фIыгъуэхэр ба­­гъуэу, абыхэм хэхъуэ зэ­пыту, фи нэхъыжьыфIхэм яхуэ­фэ­щэн щIэблэ узыншэ къыфщIэхъуэу, унагъуэ насы­пыфIэу фыпсэуну ди гуапэщ. Къэ­ралми и зэIузэпэщыныгъэр псом япэу къызэралъытэр абы унагъуэм щиIэ пщIэрщ, гулъытэращи, ахэр нэхъыбэж ирехъу.  
ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.