ГъащIэр куэдкIэ къахуоупсэ

Урысей МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэм КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэщ ­Бакъейхэ Iэмырбийрэ ФатIимэрэ. Iэмырбий Воронеж къалэм 2006 ­гъэм къыщиухащ Урысей МЧС-м и мафIэс-техникэ ­училищэр, 2012 гъэм Урысей МЧС-м и академиер. Урысей МЧС-м IэнатIэ зэрыIухьэрэ ар инспек­тору, дознавателу, хъумакIуэхэм я унафэщIу лэ­жьащ. Иджыпсту ар гъэсэныгъэ лэжьыгъэ­хэ­мрэ егъэ­­джэныгъэмкIэ къудамэм и инс­пектор нэхъыжьщ. 

Iэмырбий МЧС-м здэлажьэм, курыт еджапIэм къэп­щытэныгъэ IуэхукIэ ягъэкIуауэ къицIыхуащ ­щхьэгъусэ хуэхъуа ФатIимэ. НэхъапэIуэкIэ ар еджапIэм тхыдэмкIэ и егъэджакIуэу лэжьащ. Мы зэманым ар псыхэм цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къыщызэгъэ­пэщынымкIэ къудамэм и инспекторщ. 
- Ди лэжьыгъэр IэщIагъэ нэхъыфIхэм ящыщу къы­золъытэ. Сабийхэм зыщагъэпскIкIэ шынагъуэншагъэм теухуауэ ящIапхъэ Iэмалхэм хызогъэгъуазэ, - жеIэ ФатIимэ. - Лэжьыгъэм ды­­пэрытыху сабийхэр гъэ­сапIэм щыIэщ. Дауд илъэситху мэхъури, и адэм хуэдэу къегъэлакIуэ хъуну хуейщ. И адэр дзюдомкIэ спортым и мастерым и кандидатщи, спортым дрегъэхьэх, и Iэпкълъэпкъым зрегъэужь. Далия и дэлъхум сыт ­щыгъуи и телъхьэщ, спортым щиIэ ехъу­лIэныгъэхэм щогуфIыкI.
Илъэсих и пэкIэ къэунэхуа Бакъейхэ я унагъуэ дахэр зэщхьэгъусэхэм фIыуэ ялъагъу я лэжьыгъэм нэхъри егъэбыдэ. Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и махуэшхуэ куэд нобэ хуэдэу насыпыфIэу зэдагъэлъэпIэну ди гуа­пэщ!

БЖЬЫХЬЭЛI  Розэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.