ЗИ ПЩIЭР ЛЪАГЭ УНАГЪУЭ ЗЭРЫIЫГЪХЭР

Бадзэуэгъуэм и пэщIэдзэм  ди къэралым щагъэлъапIэ махуэшхуэр зыхуэмыгъэза цIыху щымыIэми ярейщ. Зи гугъу сщIыр   илъэс  15-м щIигъуауэ Урысей Федерацэм  щагъэлъапIэ    Унагъуэм,  лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я   махуэращ.   «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», - жыIэгъуэ пэжым къегъэлъагъуэ ар  къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэм и быдапIэу зэрыщытыр.  

 Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ къэралми хуэдэу, ди хэкуми гулъытэ ин щагъуэт унагъуэм, анагъэм, сабиигъуэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми. А унэтIыныгъэм зиужь зэпыту йокIуэкI.

  Унагъуэм,  лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я   махуэр гъэлъэпIэным  къриубыдэу ди Къэбэрдей-Балъкъэрми гулъытэ хэха щыхуащI бын куэд щапI унагъуэ зэгурыIуэхэм, зыпэрыт IэнатIэхэм ехъулIэныгъэхэр щызиIэ зэщхьэгъусэхэм, щIэблэм щапхъэ яхуэхъу нэхъыжьыфI зэрысхэм. Зи пщIэр лъагэ унагъуэ зэрыIыгъхэм гупсэхуу щадолажьэ Бахъсэн щIыналъэми. Къалэ  администрацэм и   и унэм   щекIуэкIа зэхыхьэ гуапэм дыгъуасэ щызэхаша гуфIэгъуэ зэIущIэм щаIэтащ щIыпIэм и унагъуэфIхэм ящыщ зыбжанэ.  Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, КIуэкIуэхэ Мухьэмэдрэ Людмилэрэ, Бэрбэчхэ Анзоррэ Жаннэрэ, КхъуэIуфэхэ Къазбэчрэ Мадинэрэ, Калининхэ Сергейрэ Людмилэрэ я унагъуэ дахэхэр.  Махуэшхуэр гъэлъэпIэнымкIэ къэралпсо комитетым къыбгъэдэкI «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр  хуагъэфэщащ а унагъуэ зэгурыIуэхэм.    

Зэхуэсым апхуэдэу щагъэлъэпIащ «Унагъуэ-2023» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм пашэ щыхъуахэм ящыщ, «Унагъуэр лъэпкъ хабзэхэм я хъумакIуэщ» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIа Бейхэ Iумэтрэ Каринэрэ я унагъуэ дахэр.

- Гухэхъуэщ  зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ,  зи  жьэгу мафIэ хуабэр  мыужьых унагъуэ дахэхэм уаIуплъэныр, - жиIащ къызэхуэсахэм защыхуигъазэм къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим. – Фэ фщыщ дэтхэнэми фыщIэшхуэ вбгъэдэлъщ лъэпкъ хабзэм  и фIыпIэхэр  хъумэнымкIэ, щIэблэми щапхъэ фахуохъу фи зэхуаку дэлъ  пщIэшхуэрэ нэмыс къабзэмкIэ. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ я  махуэшхуэмкIэ.   Фызиплъыр  жьэгур уардэ унэу, фи Iэнэгум берычэтыр щытепщэу, хьэщIэ етIысэхыпIэрэ унапIэ махуэу,  фызэкъуэту, гъащIэм гу щыфхуэрэ абы  и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи быным, абыхэм къащIэхъуэ фи щIэблэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм  фригушхуэу куэдрэ     фыпсэуну ди гуапэщ.

А псалъэ дахэхэм къакIэлъыкIуэу щIыпIэ Iэтащхьэм удзэ гъэгъа  Iэрамэ дахэхэр тыгъэ яхуищIащ  зэхуэсым кърихьэлIа унэгуащэхэм.

Зи цIэр фIыкIэ Iуа унагъуэ екIухэм, дахагъэмрэ гуапагъэмрэ зи Iэпэгъуу  къызэдогъуэгурыкIуэхэм, дэри ди гуапэу захудогъазэ: «Фи пщIэр лъагэрэ фи псэр къабзэу,  фи цIыхугъэ инымрэ нэмыс лъагэмрэ  къакIэрымыхуу гъащIэшхуэ къэвгъэщIэну, фи псэр зыщIэхъуэпс, насыпу къилъытэ псомкIи Тхьэр къыфхуэупсэну ди гуапэщ фэри фи унагъуэхэм ис дэтхэнэми».

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.