КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэмрэ муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэмрэ илъэсым и кIэм абы и щытыкIэнумрэ.
Зэрыщыту къапщтэмэ, илъэсыр зэрыщIидзэрэ зэтраубла Iуэху псори йофIакIуэ. Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий къыщыпсалъэм къыхигъэщащ промышленнэ зыужьыныгъэм и индексыр 2023 гъэм и щIышылэ-накъыгъэ мазэхэм я зэхуакум проценти 108, 6-кIэ зэрыхэхъуар. Хэхъуэ къагъэлъагъуэ щIым хъугъуэфIыгъуэ къыщIэзыххэм, абыхэм елэжь IуэхущIапIэхэм, гъэсыныпхъэм, псы къыщIэшыным пыщIахэм. УнэщIэу ятми я куэдагъыр процент 11,5-кIэ хэхъуащ. Илъэс блэкIам щыIа гъавэм еплъытмэ, мэкъумэш хозяйствэм кърихьэлIахэм я бжыгъэри проценти 4,6-кIэ нэхъыбэщ. ЛэжьапIэншэхэм я бжыгъэр тIукIэ нэхъ мащIэ хъуащ. ЦIыхухэм я хэхъуэр илъэс блэкIам ейм еплъытмэ, сом мелард 31, 6-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
Къэрал программэхэм хухахащ сом мелард 59-рэ. Абыхэм ящыщу процент 70-р жылагъуэм лъагъэIэсынущ: узыншагъэм, егъэджэныгъэм, къинэмыщI лъэныкъуэхэм. Лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ IуэхущIапIэ 270-рэ зэрагъэпэщыж. Абыхэм ятекIуэдэну хагъэкIащ 2023 гъэм къриубыдэу сом мелард 11,4-рэ, сом меларди 9-р – къэрал бюджетым щыщу. Лъэпкъ проектхэм я гъэзэщIэкIэмкIэ иужьрей мазихым тещIыхьауэ, республикэм къэралым 2-нэ увыпIэ, КИФЩI-м – япэ увыпIэр щиIыгъщ.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зэрыабрагъуэр. Iуэхур зэтеухуэнри, Iэмэпсымэхэр къешэлIэнри, лэжьакIуэхэр къэгъуэтынри, ухуэныгъэ хуэIухуэщIэхэмкIэ къызэбгъэпэщынри, а псом кIэлъыплъынри, ягъэува пIалъэм къыкIэрымыхунри абы щыщщ. Зи гугъу ящIа IуэхущIапIэхэр зыхуей хуэзэн папщIэ, ахъшэ къагъуэтыну унафэ яхуищIащ республикэм и Iэтащхьэм. Гъэр имыух щIыкIэ, школибл, зы спорткомплекс, Налшык дэт поликлиникэр, Кубарэ Октябрьскэмрэ дэт амбулаторэхэр, Эльбрус дэт сымаджэщыр, Аушыджэр дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм хиубыдэ IуэхущIапIэ зыбжанэ нагъэсыну къалэн зыхуащIыжащ.