Хабзэубзыху IэнатIэр илъэс 30 щрикъум

КъБР-м и УнафэщIым 2023 гъэм накъыгъэм и 4-м къыдигъэкIа унафэ №48-УГ-м ипкъ иткIэ, ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ хабзэубзыху IэнатIэр илъэс 30 зэрырикъур щагъэлъэпIэну дауэдапщэхэм я КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и япэ зэIущIэр.  

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Егоровэ Татьянэ жиIащ: 
- Парламентыр къыщызэрагъэпэща махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зи­Iэщ. Япэ дыдэу 1993 гъэм хаха хабзэуху IуэхущIапIэм республикэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэрэ къы­щызэтенэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку щытепщэ зэныб­жьэгъу­гъэр ихъумащ. БлэкIа илъэсхэр ипэжыпIэкIэ цIыху­бэм я унафэм къару щигъуэта лъэхъэнэу пхужыIэнущ. А зэманым къриубыдэу, депутатхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ республикэм къыщаIэт дэтхэнэ зы Iуэхуми хабзэкIэ тегъэщIапIэ иIэн папщIэ, абы и фIыгъэкIэ щIыналъэм и жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэр ефIэкIуащ. А Iуэхум къэрал унафэщIхэми гу лъатащ. 
Арэзы утехъуапхъэщ зи гугъу тщIы илъэсхэм «парламентаризм» жыхуаIэ Iуэху зехьэкIэр зэрызэ­фIэувам. Абы къыхэкIыу, нобэ щыщIэдзауэ респуб­ликэ гъащIэм и зы Iыхьэу щыт а махуэшхуэр зэрагъэлъэпIэнур наIуэу щрет. 
КъБР-м и Правительствэм и унафэщI Мусуков Алий къыхигъэщащ къапэщылъ махуэшхуэм епха дауэдапщэм щIыналъэхэми къалэхэми я щIыпIэ администрацэхэр жыджэру зэрыхэлэжьыхьыпхъэр. 
КъызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэм махуэшхуэр зэрагъэлъэпIэну щIыкIэр яубзыхуащ. Абы теухуауэ къэпсэлъащ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэм къызэрыхалъхьэм елъытауэщ махуэшхуэм и екIуэкIыкIэм и планыр зэрызэхалъхьар. ГуфIэгъуэ пшыхьым и ужь­кIэ екIуэкIынущ спорт зэпеуэхэр, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэны­гъэ­хэр. КъБР-м и Парламентым сабийхэмрэ студентхэмрэ яшэу зыщрагъэплъыхьынуи я гугъэщ. Махуэшхуэм ирагъэхьэлIэнущ стIол хъурейхэр, дерс зэIухахэр, ныбжьыщIэхэм я паспортхэр иратыжынущ, Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм хыхьэ лъагапIэ гуэрым альпинистхэр дэкIуеинущ, цIыху куэд зыхиубыдэ щэнхабзэмкIэ дауэдапщэхэри ирагъэкIуэкIынущ. 
Жэрдэм ящIащ КъБР-м и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъум теухуауэ тхылъ къыдагъэкIыну, республикэм и СМИ-хэм рубрикэ щхьэхуэхэр къыщы­зэIуахыну, фильмхэмрэ нэтынхэмрэ ягъэхьэзырыну. 
- ТлъэкI къэдгъанэ хъунукъым махуэ лъапIэр екIурэ ещхьу едгъэкIуэкIын папщIэ, - жиIащ Егоровэ Татьянэ. 
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.