ЗэфIэкI зиIэхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъхэр иратащ республикэм и дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху дахэхэр зылэжьхэм, зи IэщIагъэкIэ зэфIэкI къэзыгъэлъэ­гъуахэм. 

Кърагъэблэгъахэм гуапэу захуигъэзащ Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ: 
- Зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъагъуэхэм гулъытэрэ пщIэрэ зэрахуэтщIым и щыхьэтщ нобэрей зэIу­щIэр. Парламентым къедгъэб­лэгъа­хэм жэуаплыныгъэ яхэлъщ, щэнхабзэмрэ хабзэмрэ ялъытэ, зыпэрыт IэнатIэм хуэпэжщ. Куэд фхузэфIэкIащ республикэм, къэралым папщIэ. Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ гу къабзэкIэ псапэ зыщIэ, цIыхухэм сэбэп яхуэхъу волонтёрхэм я лэжьыгъэр. Псом хуэмыдэу и мыхьэнэр инщ мы зэманхэм екIуэкI дзэ Iуэхухэм хэт ди цIыхухэм ядэIэпыкъунымкIэ абыхэм «Дызэгъусэщ» урысейпсо Iуэхум хэту къызэрагъэпэщхэм. Апхуэдэ­хэм деж нэхъри зыхыбощIэ дэтхэнэми къэкIуэнум папщIэ ихь жэуапыр зэ­рыиныр. УзэрыIыгърэ узэкъуэтмэщ къару щыбгъуэтыр. 
Нобэ дгъэлъэпIэну къедгъэблэгъахэм фиIэщ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зырыз. Ауэ фэ зэщхь фещI лэжьыгъэм и пIалъэр зэ­рыфIщIэм, фызэрымыщхьэхым, мурадхэм фазэрылъэIэсым, лъагапIэщIэхэм фазэрыхуэпабгъэм, гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зевгъэхъуэжыну фызэ­рыхуейм. Сэ абы папщIэ фIыщIэ фхузощI, узыншагъэ, мамырыгъэ, гуапагъэ фиIэну сынывохъуэхъу. 
Парламентым и УнафэщIым кърагъэб­лэгъахэм яритыжащ щIыхь тхылъхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ. Я цIэр ираIуащ егъэджэныгъэм, цIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэным, псэукIэр егъэ­фIэ­кIуэным, физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ, щэнхабзэм, журналистикэм, экономикэм, щIым елэжьыным, узыншагъэр хъумэ­ным, псапэ щIэным теухуауэ зэфIэкI зыгъэлъэгъуахэм. 

ГУГЪУЭТ Заремэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.