КЪАРУУШХУЭМ ПЭЛЪЭЩА БЗАДЖАГЪЭ

Мы гъэм илъэс 315-рэ ­ирокъу Къэнжал зауэм къэбэрдейхэм текIуэныгъэр къызэрыщахьрэ. 1708 гъэм мини 10 фIэкIа мыхъу адыгэдзэм мин 60 - 70-м хуэдиз кърымыдзэм кIэ иратауэ щытащ. Дауи, а Iуэхугъуэр икъукIэ гъэщIэ­гъуэнщ икIи а лъэхъэнэм Къэбэрдеймрэ Кърымымрэ яку дэлъа зэбииныгъэмрэ зауэмрэ нэхъ нэIуасэ захуэтщIын папщIэ зыхуэдгъэзащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ и институтым и лэ­жьакIуэ Къущхьэбий Анзор.

- КъызэрыслъытэмкIэ, Къэнжал зауэм и пэжыпIэм щымыгъуазэ куэд къытхэтщ. Абы пэщIэдзэ хуэхъуам укъытхутепсэлъыхьмэ, куэдым хьэлэ­мэт ящыхъуну къыщIэкIынщ. 
- Къэнжал зауэм Къэбэрдей - Кърым зауэкIи йоджэ. Ар щекIуэкIар 1707 - 1708 гъэхэращ. А лъэхъэнэм къэралыгъуэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм хуабжьу зэгу­рымыIуэныгъэшхуэхэр яку дэлът, я зэхущытыкIэхэр зэ­Iыхьат - европей къэралыш­хуэхэр (империе) зэныкъуэкъурт адрей нэхъ цIыкIухэр зэзы­лъэфэлIэнымкIэ. КъуэкIы­пIэм­кIэ Уэсмэн империемрэ Ираным­рэ зэхуэдзэлашхэрт азие къэралхэр зэпаубыдауэ. Дауи, КавказымкIи къаплъэрт ахэр икIи ар зылъысыным теухуауэ Европэмрэ КъухьэпIэмрэ зэпэщIэ­тырт. Къапщтэмэ, Ираным дагъыстэн лъэпкъхэр иубыдыну иужь ихьауэ щытащ. Уэсмэн империер хущIэкъурт КIахэмрэ Къэбэрдеймрэ зыIэригъэхьэну, и унафэм щIигъэувэну. А зэманым Къэбэрдейри КIахэри къэрал щхьэхуиту щытащ. 
1707 гъэм гъатхэм кърым ­хъаныгъуэм Къаплъэн-Джэрий къытеуващ. Езы кърым хъанхэм хабзэу ягъэувауэ щытащ, хъа­ныщIэ щытеувэм деж, къэрал гъунэгъухэм тын къытрахыу. Апхуэдэу, Кърымым къикIыу Къэбэрдейм къэкIуащ калга Менгли-Джэрий, зауэлI гупы­шхуэ щIыгъуу. КъыщIагъэкIуар - тын папщIэу Къэбэрдейм хъы­джэбзрэ щIалэу мини 3-м нэс къыIрахыну арат. Кърымым ­къикIа зауэлIхэм цIыхухэм зы­трагъэ­хьэлъэрт, гущыкIыгъуэу защIырт, жылэхэр яхъунщIэрт. А лъэхъэнэм Къэбэрдейм и пщышхуэу щыта ХьэтIохъущо­къуэ Кургъуокъуэ хасэ зэхишэри, абы унафэ щащIащ кърым зауэлIхэр зэтраукIэну икIи зы жэщым къриубыдэу бийм кIэ къыхуагъэкIуащ. Ауэ, гъэщIэ­гъуэнракъэ, езы Менгли-Джэрий ямыукIыу яутIыпщыжащ.
- Ар сытым къыхэкIыу?
- ГурыIуэгъуэщ - къащыщIар и лъэпкъэгъухэм ялъигъэIэсыжын папщIэ. Шэч хэмылъу, кърым хъаныр хъийм икIат икIи Истамбыл лIыкIуэ игъэкIуащ Тырку ­сулътIан Ахьмэд III-м иригъэ­лъэIуну, Къэбэрдейм дзэ игъа­кIуэу зэтригъэукIэну хуит къи­щIыну (абы щыгъуэ кърым ­хъаныгъуэр Уэсмэн империем хыхьэу щытащ). СулътIаным унафэ имыщIауэ Къаплъэн-Джэрий хуиттэкъым зыми зауэ ири­щIылIэну. Арати, Ахьмэд III-р абы арэзы техъуащ икIи и щыхьэту кърым хъаным къыхуригъэхьыжащ сэшхуэрэ щыгъын лъапIэхэмрэ. СулътIаным и унафэмкIэ, тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ зы защIыу Къэбэрдейр яубыдыну арат. 
Тхылъхэм, документхэм къа­зэрыхэщыжымкIэ, кърым хъа­ным илъэскIэ зигъэхьэзыращ икIи дзэшхуэ зэхуишэсащ. КъызэралъытэмкIэ, а дзэр зауэлI мин 60 - 70 хъурт. Абы хэтт езы кърым-тэтэрхэри, Бисарабиемрэ Псыжь Iуфэм Iус нэгъуейхэри, Каффэ быдапIэм дэт тырку горнизонри. Псори шуу­дзэт, абы нэмыщI артиллерие яIэт - топ 24-рэ. Дзэр накъыгъэ мазэм къежьащ - апхуэдиз гъуэгуанэ зэпачынум шыхэр шхын щхьэкIэ лIэнути, удзым зиIэтыху пэплъауэ арат. ЗэратхыжымкIэ, къыщысар гуэдзыр щыхъу зэманрат. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, бадзэуэгъуэ мазэращ.
Къэбэрдейм ар щызэхахам, загъэхьэзыру щIадзащ - Хьэ­тIохъущокъуэ Кургъуокъуэ цIы­хухъу псори къызэфIигъэуват, ауэ зауэм Iухьэнур уэркъхэрат.
- Къэбэрдейхэм я закъуэ ап­хуэдиз цIыхум пэщIэувэнурат? ДэIэпыкъуэгъу яIакъэ?
- Пщышхуэр дамэгъу лъы­хъуэу Къалмыкъ хъаным деж лIыкIуэ игъэкIуауэ щытащ, фыкъыддэIэпыкъу, жиIэри. Ауэ, Пётр I-м и унафэ сиIэкъым, жиIэри, къэбэрдейхэм къыддэIэпыкъун идакъым. Щыхуейм деж урыс пащтыхьым и унафэм щIэуп­щIэртэкъым ахэр, кърым хъа­ным щышынауэ арат. Ап­хуэдэу, дон, тэрч къэзакъхэми елъэIуа­хэт. Абыхэми зыкъытщIагъэ­къуакъым. Тэтэрыдзэр къэ­мыс щIыкIэ къуажэм дэсхэр псори дашри, бгыхэм щагъэпщкIуауэ щытащ. Жагъуэгъур къыщысам, занщIэу зауэр ямыублэу, зралъэфыхьу щIадзащ, тыныр къэбэрдейхэм мамырыгъэкIэ къызэрыIэщIагъэкIыным хэту. Адыгэхэм Хасэ зэхашати, псоми зы жьэу жаIаращ: «Зыри еттынукъым икIи депсэлъэнукъым, унафи зыхуедгъэщIыххэнукъым. Дызэуэнущ!»
Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, ма­зэрэ ныкъуэкIэ, зы жэщ къэ­мы­нэу, къэбэрдейхэр кърымы­дзэм теуэурэ, зэтраукIэу щIа­дзащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, зэ закъуэ махуэу ятеуакъым. Къэбэрдейхэр бзаджагъэм хуэкIуауэ арат. 
- Къэнжал зауэ фIэщыгъэр щхьэ игъуэтат абы?
- Иныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, кърымхэр икIуэтурэ Къэнжал щIыпIэм нэсат. Ауэ дэ дызэригугъэмкIэ, езы адыгэхэр хуейуэ бийр а лъагапIэм драхуеяуэ арат. Я топхэр кърырагъэ­лъэ­фэкIыну кърымхэм махъшэхэр къыздашат икIи я Iэщэхэр псори Къэнжал лъагапIэм здрашеят, ауэ сэбэп яхуэхъуакъым. 1708 гъэм фокIадэ мазэм «жэщтеуэ зауэр» яублащ къэбэрдей шуу­дзэхэм. Къэнжалым узэрыдэ­кIуей гъуэгур икъукIэ кIыхьщ икIи бгъузэ нашэкъашэщ. Жэщ­теуэм къела кърымыдзэр абы къыщехыжым дзэм и нэхъыбэри зэтраукIэжащ. 
Къыхэзгъэщыну сыхуейт иджыри зы Iуэхугъуэ - шыдхэм мафIэ щIагъанэурэ, кърымы­дзэм хаутIыпщхьат, псэущхьэ лажьэ зимыIэхэр къагъэсэбэпащ, жаIэ зыгуэрхэм. Ар щыуа­гъэщ икIи делагъэ дыдэщ жыпIэну. Зы тхыгъи щыIэкъым щыхьэт техъуэу. ЗауэлIхэм абы теухуауэ жаIэнур къэтщIэн пап­щIэ, Афганистаным, Аб­хъа­зым щызэуа щIалэхэр здэтшэри дыкIуат Къэнжалым. Абыхэм зэрыжаIамкIэ, Iэмалкъым шыдхэр Iуащхьэ нэс дэплъэфеину, укъызэралъагъуным къи­щынэ­мыщIыжа, мыхьэнэ лъэпкъ иIэкъым, апхуэдиз къару тебгъэ­кIуадэу, псэущхьэ еры­щым мафIэ лыгъейр къыпихыу къры­мыдзэм хэбутIыпщхьэным. Уе­гупсысми, апхуэдизу зауэ куэдым хэлIыфIыхьа зауэлI Iэ­кIуэлъакIуэхэр шыдкIэ пхуэгъэ­шынэну?! 
НэгъуэщI зы лъэпкъи къы­хэмыIэбэу, Къэбэрдейм и закъуэ къихьа текIуэныгъэщ ар. Тхылъхэми IупщIэу къыхощ - «Зы цIыху фыкъыддэIэпыкъуакъым, ауэ кърымхэм датекIуащ» жиIэу иту, Урысейм тхыгъэ ирагъэхьауэ щытащ адыгэхэм. Къэбэрдеипщхэм я зэныкъуэкъуныр щагъэтщ, зэкъуэувэри, бийм яте­кIуауэ аращ. Зауэм и кIэм кърымыдзэм къыхэнэжар цIыху мини 5-т. ЗауэлI нэхъыфI дыдэхэм къыхащыпыкIауэ зы минрэ ныкъуэм хуэдиз хъууэ ­къежьа Сеймен дзэм щыщу къэнэжар цIыху 17-т. Ари къелауэ аратэкъым, атIэ езы къэбэрдейхэм яутIыпщыжауэ арат.
- Сыт хуэдэ гупсысэм къы­хэкIыу яутIыпщыжат ахэри?
- Къэбэрдейхэр мыбдеж аргуэру бзаджагъэм хуэкIуащ - ­Къаплъэн-Джэрий яукIатэмэ, Уэс­мэн империем ар щихъ хъуа­уэ къалъытэнут икIи абы илъ ящIэжыну иджыри дзэ къагъэкIуэнут Къэбэрдейм. А зэманым адыгэ­хэм муслъымэныгъэр къэзыщтауэ хэтыр мащIэ дыдэт (пщы­хэмрэ уэркъхэмрэт). Шэрихьэтым зэрыжиIэмкIи, мус­лъымэнхэм «Тын къызэфт!» жыпIэу пэбубыд хъунутэкъым, ауэ къэбэрдейхэр муслъымэну къалъытэртэкъым абыхэм. 
- Анзор, Къэнжал зауэм и мыхьэнэуэ къалъытэр сыт? Сыт абы адыгэм и тхыдэм увыпIэшхуэ щIыщиубыдар?
- Япэрауэ, Къэбэрдейр къры­мыдзэ шынагъуэм къелыфащ. Иджыри зэ къытезгъэзэжынщи, къэбэрдейхэр мини 10 къудей хъууэ арат, кърымхэр мин 60 - 70 ­хъурт. ЕтIуанэрауэ, къэбэрдейхэм адрей адыгэ лъэпкъхэри ­кърагъэлауэ щытащ. Абыхэм кърымыдзэр зэтрамыукIатэмэ, ди щIыналъэри, адрей лъэпкъ­хэри зэщIаубыдэнут. Ещанэрауэ, а зэманым дуней псом къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэр къапщтэу щытмэ, абы щыгъуэ Урысеймрэ Швециемрэ гуащIэу зэзауэу щытащ. Швед пащтыхь Карл XII-мрэ тырку сулътIанымрэ зэгурыIуат кърым хъаным и дзэр къежьэу шведхэм къадэIэпы­къуну. Ауэ, зэрытщIэщи, къры­мыдзэм и нэхъыбэр Къэбэрдейм щызэтраукIауэ щытащ икIи шведхэм дагъэIэпыкъужын яIэжакъым. Апхуэдэу, кърымы­дзэр къэмысурэ Пётр I-м и дзэр шведхэм текIуауэ щытащ. Абы къыхэкIкIэ, Къэнжал зауэм дунейпсо мыхьэнэ егъуэт. 

Епсэлъар ФЫРЭ Анфисэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.