Тхыдэм и гъунапкъэхэм

«Кашкэ», «каскэ», «каскейхэр» - апхуэдэ цIэ куэдым ущрохьэлIэ Азие ЦIыкIукIэ зэджэ, иджырей тырку Анадолэм и пасэрей тхыдэм. ЩIэныгъэлIхэм шэчышхуэ къыт­ра­­хьэжыркъым а фIэщыгъэр уры­сыб­зэкIэ «касог», осетиныбзэкIэ «кашкон/касгон» цIэхэр зезыхьэ адыгэ­хэм зэрепхам. 

Азие ЦIыкIумкIэ дызэрыплъэу, зи гугъу тщIыр ди къежьапIэу зэхэтха хьэтхэрщ, ауэ щыхъукIэ, тхыдэ щIэ­ныгъэм «хь(э)тхэмрэ» «хь(е)тхэмрэ» (хамэбзэхэм «хьитит» фIэщыгъэми ущрохьэлIэ) зэхигъэзэрыхьыркъым. Иджы мы фIэщыгъэ ещанэр - «кашкэхэр» дэнэ къикIа? Хьэтыдж цIэ­рыIуэ, зи лIыгъэм зи щIэныгъэр къы­кIэрымыхуу къекIуэкIа, Абхъазым и япэ президенту щыта Ардзинбэ Владислав и еплъыкIэмкIэ, «кашкэ­хэмрэ абешлайхэмрэ адыгэхэмрэ аб­хъазхэмрэ къызытепщIыкIыжа лъэпкъхэщ». Азие ЦIыкIум и тхыдэм елэжьа щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр абыкIэ зэакъылэгъущ. 
 Япэ дыдэ кашкэхэр къызэщIэубыдауэ зыджар нэмыцэ щIэныгъэлI Фон Шулер Эйнарщ. 1965 гъэм абы къыдигъэкIащ «Кашкэхэр» («Die Kaškäer») зыфIища тхылъыр. Абы щызэхуэхьэсащ тепщэхэм я зэгурыIуэныгъэхэр, тхьэлъэIухэр, дауэдапщэхэр, тхьэгурымагъуэхэм жа­Iа­хэр. Абы лъандэрэ къэхутэныгъэ­щIэ куэд екIуэкIащ, нэхъыби къащIащ, итIани, Шулер и лэжьыгъэм и гугъу умыщIу, кашкэхэм уатепсэ­лъыхьыныр иримыкъуныгъэщ. Нэ­мыцэ щIэныгъэлIыр зэреплъымкIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ («ди лъэхъэнэ», «ди эрэ» жыхуаIэр чыристан диным и лIыкIуэ Хьисэ дунейм къыщытехьа зэманым и ужь къихуэрщ) щыIа къэралыгъуэшхуэхэм я тхыдэм хокIуадэ абыхэм нэхърэ нэхъ цIыкIу, тхылъымпIэм къытена тхыгъэ зимыIэ лъэпкъхэр. Апхуэдэхэм язщ каш­кэхэри. Езыхэм тхылъ щIэин къа­щIэмына пэтми, Хьет къэралыгъуэшхуэм зы пащтыхь иIакъым мы лъэпкъым къызэрыхигъэзыхьым ири­мытхьэусыхэу. КъызэрытцIыхун Iэмалу диIэри хьетхэр зыпэщIэта бийхэм я цIэхэмрэ ахэр къащытекIуа-щрагъэкIуэтыжа щIыпIэцIэ­хэмрэщ. Езыхэр зыпэмылъэщ кашкэхэм ахэр еджэрт «кхъуахъуэрэ чэ­тэнгъэкIкIэ». Шулер зэрыжиIэмкIэ, зы хьет дэфтэр урихьэлIэнукъым кашкэхэм я хъуэн къыхэмыхуэу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, мы щIэныгъэлI тхыгъэхэм я нэхъ гъэщIэгъуэнхэр уры­сыбзэкIэ иджыри щыIэкъым. ДызылъэIэс тIэкIуми кашкэхэм Азие ЦIыкIумрэ Кавказымрэ зэрызы­щаубгъуа лъагъуэжьхэр гунэсу нэгум къыщIагъэхьэркъым. Езы щIэныгъэлIхэми къыхагъэщ абыхэм епха къэхутэныгъэхэр иджыри «зэры­цIыр­хъыр». ИтIани, журтри, нэмы­цэри, инджылызри, куржыри зэтехуэу шэсыпIэ щиувэкIэ, мыбы ды­щымыгъуэзэныр емыкIущ. 
 ЯпэщIыкIэ «хьэткIэ» дызэджэмкIэ дызэгурывгъаIуэ. УрысыбзэкIэ «Хеттская империя» жыхуаIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2-нэ, 3-нэ лIэщIыгъуэ­хэм щыIа къэралыгъуэшхуэм къы­щIэна псори ди адэжь тхыдэу къэт­лъы­тэныр щыуагъэщ. Иджыпсту шэч къытрахьэжыркъым зэрымы­щIэкIэ «хьет» зыфIаща, ипэжыпIэкIэ «несили» бзэкIэ псалъэу щыта Хьет къэралыгъуэм щыпсэуа цIыхубэм яIурылъа бзэр индоевропей къудамэм зэрыщыщым. Абы къикIыр ахэр дэ димыбзэгъуу аращ. Адыгэбзэ­жьыр зрагъэщхьыр «хьет/несили» бзэ­ракъым, атIэ абыхэм бжыгъэкIэ зэщIащтэу зыхагъэшыпсыхьыжа «хьэт­хэращ». Ауэ гъэщIэгъуэн дыдэр сыт жыпIэмэ, Хьет къэралыгъуэм щытеп­сэлъыхькIэ, языныкъуэ щIэ­ны­гъэлIхэм «абыхэм я нэхъыбэр хьетыбзэм техьа хьэтхэу щытащ» зэрыжаIэрщ. Ди нэгу къыщIэдвгъэгъэ­хьэт, зэгуэр, лIэщIыгъуэ зыбжанэ дэкIауэ, нобэрей адыгэ жылэхэм щыпсэуахэр сыт хуэдэ лъэпкъым щыщами, тхылъымпIэ дэфтэрхэмкIэ къащIэну хуежьауэ. Апхуэдэ гуэру къыщIэкIыжынкIи мэхъу хьет/хьэтхэм я Iуэхури. 
ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, кашкэхэмрэ абешлайхэмрэ я бзэмрэ хьэтыбзэмрэ зэрызэлъэпкъэгъур ­къахутакIэщ. Ауэ тлъагъур сыт? Кавказ зауэм и псалъалъэр къэдгъэсэ­бэ­пынщи, хьэт «мыныкъакъуэхэр» хьет­хэм я лъабжьэм щIэту къэралы­гъуэшхуэм щопсэу. Абыхэм я бзэгъу «Iэлхэр» ипщэкIэ мэIэпхъуэри, къэ­ралым псэхугъуэ кърамыту, къатоуэ зэпыт. ЩIэныгъэлI куэдым хуагъэфащэ Хьет къэралыгъуэшхуэр хэ­кIуэ­дэжыным кашкэхэр хэлIы­фIы­хьауэ. Зэхэуэхэм я зым «кашкэхэм шызакъуэгу 800 къагъэувауэ» къыхощ. 
Британ щIэнгъуазэхэм я зым, Плубанс Родригэ зи цIэ гуэрым итхауэ, дыкъыщоджэ: «Кашкэхэр е каскианхэр хы ФIыцIэ Iуфэм, иджырей Тыркум щыщ Анадолэ Ипщэм, Кызыл Ирмак псыежэхым и Iэгъуэблагъэм щыпсэуа лъэпкъщ, я гъунапкъэхэр Хьет къэралыгъуэм ирикIуэрэ абы ебгъэрыкIуэ зэпыту щытауэ. Яубыд щIыпIэхэр бгылъэ защIэт, езыхэр зы унафэм щIэттэкъым. Япэ дыдэ абы­хэм я цIэр къыщраIуэр Хьэнтили Езанэм и лъэхъэнэрщ (ди эрэм ипэкIэ 1590 - 1560 гъэхэм), кашкэхэм Нерик къалэ лъапIэр зэраубыдам теухуа хъыбарым къыхэщу. Къалэр Хьет империем щызыIэригъэхьэжыфар лIэщIыгъуитI дэкIа иужьщ. Езым лIыгъэу зэрихьэр зытхыж цIыху къыздезышэкIыу щыта Хьэтушили Езанэм а Iуэхум теухуауэ етх: «Нерик къалэр къаIэщIэзгъэкIыжащ».
Кашкэхэр щIэх-щIэхыурэ Хьет империем ищIхэм ихьэрт, ауэ яубыдыпауэ зэи щытакъым, Нерик къалэм и Iэгъуэблагъэм фIэкIа. Ар кашкэ­хэмрэ хьетхэмрэ я зэхуакум гъунап­къэ хуэдэу дэтт. Тутхалие и лъэхъэнэм, ди эрэм ипэкIэ 1380 гъэм, кашкэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэми я гъу­сэу, Хьет империем и щыхьэр Хьэ­тIушэм теуэри, щыщ къыхэмынэжу ягъэсауэ щытащ. 
Езы хьетхэр щIэчэ ямыIэу, Кашкэ къэралым хъунщIэтеуэкIэ ебгъэ­рыкIуэрейт, ауэ зэи я лъабжьэм щIагъэувэфакъым. Хьет къэралыгъуэм и пащтыхь нэхъ лъэрызехьэхэм яз Мурсили ЕтIуанэм и зэманым и нэхъыбэ Iыхьэр (ди эрэм ипэкIэ 1321 - 1295 гъэхэр) кашкэхэм езэуэным те­кIуэдащ. Мурсили къыщIэна тхыгъэхэм къыхощыж ар зэзэуа кашкэхэм я тепщэ Питхуние абы ипэкIэ а лъэпкъым дамылъэгъуа пащтыхь Iуэху зехьэкIэ къызэригъэлъэгъуар. 
«Гъэру бубыда си цIыхухэр къы­зэтыж», - жысIэри тхыгъэ хуезгъэ­хьати, «Уи цIыхури уэстыжынукъым. Укъыстеуэми, сыныщозэуэнур уищIращ, сищIракъым», - жиIэри, жэуап къызитыжащ», - етхыж Мурсили. Къы­кIэлъыкIуэ тхыгъэм Питхуние гъэру яубыдауэ къыхощ. 
ЗакъуэтIакъуэххэрэ хьетхэмрэ каш­кэхэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэра­щIы­лIэрт. Псалъэм папщIэ, хьет пащ­тыхь Арнувандэ Езанэм и лъэхъэнэм апхуэдэ щыIащ. 
 Хьет империер хуэгъэфэщауэ ди эрэм ипэкIэ 1200 гъэхэм кIуэдыжыпащ. Кашкэхэри яхэтагъэнщ ахэр зыIэщIэкIуэдэжа фригийцхэмрэ «хым къызэпрыкIа лъэпкъхэмрэ». Хьетхэм ятеухуа тхыгъэхэм я гъусэу зэманкIэ кашкэхэм я лъэужьри мэ­кIуэд. Анадолэм и хъуреягъкIэ щы­зэхэт къэралыгъуэхэм зэрызахъуэ­жырт ар къызыхэкIыр. ИужькIэ къэу­нэхуа Ассирие къэралыгъуэм и тепщэ Тиглатпаласар (ди эрэм ипэкIэ 1112 - 1072 гъэхэр) езэуауэ къыщIокI кашкэхэм. Иужьрейуэ лъэпкъыцIэр къызыхэщыр ди эрэм ипэкIэ 700 гъэм абыхэм япэщIэта, Ассирием и пащтыхь Саргон ЕтIуанэм и лъэхъэнэрщ. 
 Кашкэхэмрэ хьэтхэмрэ я Iуэху зыIутам тетхыхьа щIэныгъэлIхэм гупсысэ гъэщIэгъуэн ядыболъагъу. «Зы лъэпкъышхуэр адрейм ебгъэры­кIуэу, я щIыналъэр щаубыдым деж, нэхъ тыншу псэухэр «хьэщIэхэм» яхо­шыпсыхьри, абыхэм задезыгъэкIуну хуэмей хьэжрэт хуэдэхэр нэгъуэщIыпIэ мэIэпхъуэ», - жаIэ абы­хэм. Кашкэхэр Хьет къэралыгъуэм къатеуэрейуэ зэрыщытам и щхьэу­сыгъуэу къалъытэри аращ: ди лъэпкъэгъухэр фубыда щхьэкIэ, дэ фы­къытпэлъэщынукъым жыхуаIэу, езыхэм ейуэ къалъытэж щIыналъэм къиужьгъахэм псэхупIэ ирамыту арагъэнт. Ауэ, дэ къызэрытфIэщIым хуэдэу, хьетхэмрэ хьэтхэмрэ зыкIи зэщхьэщыкIыу щымытамэ, сыт щхьэкIэ кашкэхэр Хьет къэралы­гъуэм теуэнт, езыхэр хьэтхэм щалъэпкъэгъукIэ?! «Хьет жегъэIэ» - псэлъафэм гуитIщхьитI уещI. Ауэ тхыдэм щызекIуэ а лъэпкъыцIэр къэхутакIуэхэм «несили» зэрыщыIар иджыри къамыщIэ щIыкIэ, къа­гъуэтахэм фIащри, зэхигъэзэрыхьыр нэхъыбэу щIэныгъэбзэм къыхэнауэ аркъудейщ. 
Хьетхэмрэ кашкэхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэми зыгуэр къэпщIэну Iэмал къуат. Шулер зэрыжиIэмкIэ, хьет пащтыхь псори щIэтхьэусыхэр зыт: зы пщым и жьауэм щIэмыт кашкэ лъэпкъым уагурыIуэну Iэмал щыIэкъым, сыту жыпIэмэ, зыр къэбгъэдаIуэу щытми, адрейр къыптеуэнкIи хъунущ. Дэтхэнэ зыри и щхьэ хуитыжщ. 
Езыхэм тхылъ щIэныгъэ къыщамыгъэнакIэ, кашкэхэмрэ абешлайхэмрэ зищIысыр къэпщIэну Iэмал къозытхэм язщ хьетхэм я тхыдэм къыхэщ цIэхэмрэ щIыпIэцIэхэмрэ. Мыбыхэм лъэпкъ ехьэжьауэ зыкъалъытэж, нэхъ загъэлъэрызехьэ. Каш­кэхэр яфIэгуащIэщ, пасэрейщ, къыкIэрыхуащ. ИтIани, «Хьет щIыналъэ» зыфIэзыщыжа несилихэр цивилизацие хуэIухуэщIэкIэ япэ ищауэ щытми, ирагъэкIуэтахэм я къэралыцIэри щэнхабзэри яхъуэжакъым, езыхэм ейуэ ягъэIуауэ, «къады­гъуауэ» аращ. 
Кашкэхэм я цIэр къызытехъукIауэ къалъытэр «мазэм и Тхьэ» жыхуаIэ Кашку цIэращ. А цIэ дыдэм зэхъуэ­кIыныгъэшхуэ имыIэу Урарту щэнхабзэми ущрохьэлIэ. 
Нэхъ IупщIу кашкэхэр уи нэгу къы­щIэзыгъэхьэ щIэныгъэлIхэм яхыубжэфынущ Румынием щыщ журт щIэныгъэлI Зингер Итамар. «Хэт хъуну кашкэхэр?» тхыгъэшхуэм псори гунэсу щызэпкърихащ абы. 
«Илъэс 500-кIэ дунейм тета Хьет къэралыгъуэр бий куэдым япэщIэтащ, ауэ хы ФIыцIэ Iуфэм бгъэдэт къуршхэм щыпсэуа кашкэхэм хуэдэу ирамыгъэкIуэтыфа къахэкIакъым, - етх Зингер. - Дзэ зэгъэпэща зиIэ ­хьетхэм кашкэхэр къащылъэIэс ­гъунапкъэхэр зэралъэкIкIэ быдэу яIыгъыну хэта щхьэкIэ, мыдрейхэр ­мыувыIэу щIыналъэм илъадэурэ т­хьэ­­елъэIупIэхэмрэ къалэхэмрэ хузэхакъутэрт. Хуэбгъэфащэ хъунущ къарууншэ хъуа Хьет къэралыгъуэм и щыхьэр ХьэтIушэ иужьрей удыныр езыдзу зэтезыкъутэжар кашкэхэрауэ». 
Хьетхэм я тхыгъэхэм ухэплъэмэ, каш­кэхэр бзаджэу, гуащIэу, Iэлу фIэкIа къыхэщыркъым. Зингер ­къехь нэгъуэщI инджылыз щIэныгъэлIхэу Глатцрэ Мэтьюзрэ я Iуэху еплъыкIэри: «Кашкэхэр къэлъытапхъэщ зи щIыпIэр хьетхэм зыIэрагъэхьа лъэпкъыу».
Зэрытлъагъущи, къэхутэныгъэхэр куэд пэтми, дэ дызыщыгъуазэр мащIэщ. Тхыдэр джын Iуэхуми гъунэ итлъа къудейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.