МАФIЭМ ИЛЫПЩIА САБИИГЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм накъыгъэм и 8-м щекIуэкIащ «Детство, опаленное ­войной» зэхыхьэ гуапэр. Абы щагъэ­лъэ­пIащ Налшык къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм зи ­сабиигъуэр хиубыда нэхъыжьыфIхэр. 

ЦIыху гъащIэм, сабийхэм нэхъ лъапIэ сыт щыIэ? Хэку зауэшхуэм сабий мелуан 13-м щIигъу хэкIуэдащ. Зауэ гущIэгъуншэм теухуа роман, повесть, Iуэтэж, усэ, уэрэд мащIэ ятхакъым. ФIэщщIы­гъуейщ а гузэвэгъуэм теухуа псори зэгуэр и кIэм нэсу щаIуэтэжыну зэман къэхъуну. Ди жагъуэ зэ­рыхъущи, абы и лIыхъужьхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хощI, ауэ я фэеплъыр хуэсакъыу яхъумэ зауэр зи нэгу щIэкIа я бынхэм.
- Зэманым я нэхъ Iейм  зи сабиигъуэр хиубыдахэм ящыщу мы зэхыхьэм къекIуэлIа дэтхэнэми фIыщIэ фхузощI! Хэт нэхъ цIынэу, хэти тIэкIу нэхъ къыдэкIуэтеяуэ фыхиубыдащ зауэм и зэман хьэлъэм, - жиIащ «Дети войны» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Ульбашевэ Светланэ. - ЦIыхубэм зауэм къытхуихьа гузэвэгъуэхэм псори дыщыгъуазэщ. ТекIуэныгъэм зи псэр щIэ­зыта, ар къытхуэзыхьа совет зауэлIхэм я фэеп­лъыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Гуапагъэ фы­щымыщIэну, узыншагъэ фиIэну, дуней мамыр фыщыпсэуну сынывохъуэхъу!
- Хэку зауэшхуэр кинофильмхэмрэ тхылъхэмкIэ мыхъуу, ар зи нэгу щIэкIар фэращ, зауэм и бынхэрщ. Зауэ нэужьым ветеранхэм, балигъхэм я ­гъусэу Совет Союзыр зэфIэзыгъэувэжа нэхъы­жьыфIхэм гулъытэрэ пщIэрэ фхуэфащэщ, щIэб­лэм гъащIэ езытар фэращи! Зауэм и бынхэм сэри сащыщу жыпIэ хъунущ. Си адэр зауэм и пэм щы­щIэдзауэ и кIэм нэс хэтащ. ТекIуэныгъэ Иным ­Монголием щыIущIащ. Си анэри зауэм и бынхэм ящыщщ. Мызэ-мытIэу къытхуиIуэтэжащ зауэ зэманым ялъэгъуа гузэвэгъуэхэр... Псом хуэмыдэу сабийхэм ягу къинащ гугъуехьу яшэчар, - жиIащ КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис. - ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэр къэ­ралым и цIыхухэм тщыгъупщэркъым. ДяпэкIи щIалэгъуалэм щапхъэ фахуэхъуну, дывгъэгуфIэну ди гуапэщ! Нэхъыжь­хэм пщIэ фхудощI, фэркIэ догушхуэ, фIыуэ фы­долъагъу! ГъащIэ кIыхь, узыншагъэ Тхьэм къывит! 
«Дети войны» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэ­ныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къэнэ­мэт Замири нэхъыжьхэм ехъуэхъуащ икIи жиIащ зауэм и бынхэм къэралым хуэфащэ гулъытэ ­хуищIыным дяпэкIи я нэIэ зэрытрагъэтынур.
Пащты Борис зи лIыкIуэ IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI фэеплъ медалхэр иратащ Къуныжьхэ Мухьэмэд, Рэмэзан, Сэфарбий сымэ, Iустырхъанхэ Тамарэрэ Казбекрэ. Апхуэдэу медалэр иратащ Къуэдзокъуэ Къэрал, Кучеджиев Александр, Васинэ Валентинэ, Медведевэ Нинэ, Передельская Валентинэ, Дзэмыхь Музэриф, Вишняковэ Зое, Вишняковэ Раисэ, Битокъу Анатолэ, Севастьяновэ Еленэ, Безверховэ Раисэ, Акиевэ Тамарэ, Хьэм­гъуохъу Урал, Сонэ Люсэ, Жабоев Къэрэкъан, Гарькавэхэ Викторрэ Галинэрэ, Немишевэ Кама­ренисэ, Къардэн Залымхъан, Шевцовэ Валентинэ, Зуев Юрэ, Ореховэ Раисэ, Дьячковэ Валентинэ, Олейниковхэ Николайрэ Светланэрэ.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ КПРФ-м и Налшык къалэ комитетым и япэ секретрь Шыдакъ Евгение, Налшык къалэм и Вольнэ Аул хьэблэм и адми­нистрацэм и унафэщI Ажэгъуей Аслъэнбэч, ирагъэблэгъахэр.
НыбжьыщIэхэр къеджащ зауэм и бынхэм ятеухуа усэхэм, уэрэдхэр жаIащ. Шыдакъ Евгениерэ Ульбашевэ Светланэрэ щIыхь тхылъхэр иратащ зэхыхьэр зыгъэдэха ныбжьыщIэхэм. ЗэIущIэм ­хэтхэр ирагъэблэгъащ Къэрал концерт гъэлъэ­гъуапIэм мэкъуауэгъуэм и 22-м ветеранхэм, зауэм и бынхэм я щIыхькIэ щрагъэкIуэкIыну пшыхьым. 

Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.