САБИИГЪУЭМ – ХУЭФЭЩЭН ГУЛЪЫТЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, Сабийхэр хъумэным я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу щэбэт щIыхьэху иджыблагъэ щIыналъэм щрагъэкIуэкIащ. Жэрдэм дахэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къулыкъущIапIэхэм, щIыналъэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, Iуэхугъуэм хэтыну гукъыдэж зыщIа цIыху щхьэхуэхэр.

ЩIыхьэхур дыкъэзыухъуреихь дунейр гъэкъэбзэным ехьэлIа Iуэхугъуэ къудейтэкъым, атIэ ар икIи псапащIэ жэрдэмт. Щэбэт щIыхьэхум къыхэкI ахъшэр унагъуэ хуэмыщIахэм, быныбэхэм, сабий зеиншэхэм, зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ цIыкIухэм хуаутIыпщынущ. КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, къэрал унафэм тету, гъэ еджэгъуэщIэр къэмыс щIыкIэ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа цIыху гупхэм зэ тыгъуэу сабий къэс сом мин щырыщ хуэзэу Iэрагъэхьэнущ. Ахъшэр зратыну унагъуэхэмрэ сабийхэмрэ я цIэ-унагъуэцIэхэр зэхэзыгъуэвэр къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ IуэхущIапIэхэращ. Къыхэгъэщын хуейщ илъэс къэс сабиигъуэр хъумэным теухуауэ ирагъэкIуэкI щэбэт щIыхьэхум къыхэкI ахъшэр ныбжьыщIэ минихым щIигъум зэрылъагъэIэсыр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу щэбэт щIыхьэхум мы гъэм цIыху минихым щIигъу хэтащ. Къэрал IуэхущIапIэхэм къепха щIыпIэхэр гъэкъэбзэным, гъуэгухэмрэ псыхъуэ ныджэхэмрэ телъ пхъэнкIийхэр зэщIэщыпэным, удзыжьыр пыупщIыным, итырыгъур ихыным епха Iуэхугъуэхэм цIыху минитIым щIигъу хэтащ. ЩIыхьэхум гуащIафIэу хэлэжьыхьащ хьэрычэтыщIэ IэнатIэу 817-м я лэжьакIуэхэри. Абыхэм къалъысащ къуажэ икIи къалэ уэрамхэр зэпэщ щIыныр, пхъэнкIий идзыпIэхэр зэщIэгъэкъэбзэныр, я Iэгъуэблагъэр зэщIэкъуэныр.

Мэкъуауэгъуэм и 1-р Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Къэрал куэдым щагъэлъапIэ а махуэр сабиигъуэм къыщыжыным, зи ныбжь нэмысахэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, ныбжьыщIэхэр зыIууэ гугъуехьхэм къыхэшыным, апхуэдэ гуныкъуэгъуэ ямыIэу я Iуэхур зыхуей хуэгъэзэным хуэунэтIащ. 1949 гъэм Париж къалэм щызэхыхьауэ щыта ЦIыхубзхэм я дунейпсо зэхуэсым къыщащтауэ щыта унафэм ипкъ иткIэ а махуэр лъэпкъыбэ махуэгъэпсым сабийхэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэу хэтщ. Урысейми а махуэр щагъэлъапIэ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIа жэрдэмхэр къыщыхалъхьэ. Апхуэдэу илъэс къэс Урысейм сабиигъуэр хъумэнымкIэ и фондым къыхелъхьэри, зи Iуэхур хуэмыщIа, гугъуехь зэмылIэужьыгъуэхэр зи гъащIэм хэт сабийхэм папщIэ театр гъэлъэгъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, сымаджэщым щIэлъхэм папщIэ тыгъэхэр къызэрагъэпэщ, узыфэ гъэхъужыгъуейхэм хуэдэ зэфыкI цIыкIухэм папщIэ псапащIэ жэрдэмхэр къыхалъхьэ. Щэбэт щIыхьэхухэри апхуэдэ зы Iуэхугъуэу щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщ.

«Дэтхэнэ зы сабийми гугъэ етыныр, фIэщхъуныгъэ хэлъу къэгъэтэджыныр, зытет дунейр фIэIэфIу къэгъэхъуныр балигъхэм я хьэкъщ. КъытщIэхъуэ щIэблэращ пщэдейрей махуэхэр зейр, абы щыдиIэну псэукIэ зэпэщыр зыгъэпсынур. Арыххэуи, дызытет дунейм и щIыуэпсым щыщIагъэ имыIэу, сабиигъуэм хуэщIыпхъэ хьэтырыр игъуэту щыIэныгъэр зэтедублэну ди пщэ къыдохуэ. Мэкъуауэгъуэм и 1-р Сабиигъуэр хъумэным и махуэ хэхауэ щытми, ди махуэ къэсри абы тещIыхьауэ гъэкIуэныр дэтхэнэми ди къалэнщ», – жаIэ щэбэт щIыхьэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.