ПСЫЩIЭГЪЭЛЪАДЭМ И МАХУЭ

Мыр, мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэмахуэ махуэм хуэзэу, ди къэралым гъэ къэс щагъэлъапIэ мэкъумэшым пыщIа, абы зи гуащIэ езыхьэлIэ  псоми. Апхуэдэхэм ящыщщ, зэрыгурыIуэгъуэщи, агрономхэр, инженерхэр, щIым епха IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, абыхэм щылажьэ цIыху къызэрыгуэкIхэр.    

ПсыщIэгъэлъадэм и махуэр гъэлъэпIэн хуейуэ ди къэралым япэу къыщагъэлъэгъуар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1976 гъэм накъыгъэм и 24-м къищта унафэм ипкъ иткIэщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм ар тIэкIу яIэпыхуж хуэдэу хъуами, УФ-м и Президентым 2000 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ а махуэм кърагъэгъэзэжащ.

Зи гугъу тщIа IэщIагъэхэр зиIэхэм я къалэнщ щIыгулъым и фIагъэм кIэрамыгъэхуу, гъавэу къыщрахьэлIэжым къит хъерым хагъэхъуэнымкIэ Iэмалу яIэхэр хузэщIагъэуIуэныр, Iэмэпсымэу къагъэсэбэпхэр ягъэзащIэ лэжьыгъэм хуэхьэзыру сытым дежи щагъэтыныр, уэмрэ псыдзэмрэ хьэсэхэр щахъумэныр.     

Ди республикэр къэтщтэнщи, дызэрыт илъэсым къриубыдэу псы зыщIагъэлъадэ я вапIэхэм хуэди 3-кIэ щыхагъэхъуэнущ. Абы папщIэ иджыри гектар мини 7,4-м нэблагъэм псы зэрылъагъэIэс машинэу 82-рэ щагъэувынущ. А Iуэхум текIуэдэн хуейуэ къалъытащ сом мелуан 680-м нэблагъэ.

Иужьрей илъэсищыр къэтщтэнщи, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, къэралым и дэIэпыкъуныгъэкIэ, псы зыщIагъэлъадэ ди щIыхэм гектар мин 25-м щIигъу щыхагъэхъуащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «МэкъумэшхэкIыр нэгъуэщI къэралхэм» федеральнэ проектымрэ зи гугъу тщIы IуэхумкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ программэу «Урысейм и псы щIэгъэлъадэ комплекс» жыхуаIэмрэ тету.

Мы зэманым псыр тIэкIу-тIэкIуурэ къэзыутIыпщ IэмэпсымэщIэхэр щагъэуващ къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыхасэ гектар 700-м, жыгыщIэ цIыкIухэм зыкъыщаIэт гектар 1011-м. Гектар мини 2,5-м нызэрыхьэсым псыр зэрылъагъэIэс къуэтIыхьхэр щыхашащ.

Зэрыщыту къатщтэмэ, ди республикэм и губгъуэ хьэсэхэм псыр лъэныкъуэ псомкIи зэбгрызыутхыкI IэмэпсымэщIэу 256-рэ щагъэуващ. Абыхэм гектар мин 24-м нэблагъэм псыIагъэр щызэтраIыгъэ. 

АтIэми, республикэм псы зыхуэныкъуэ и вапIэхэр, псори зэхэту, гектар мини 130-м щыноблагъэ. Ауэ щыхъукIи, мы лъэхъэнэм абыхэм я зэхуэдитIырщ псы зылъагъэIэсыфыр.   

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.